Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Ерусалим зэӀущӀэ зэрыщащӀар

1 ЛӀы гуэрхэр Иудей хэкум къикӀщ, Антиохие къакӀуэри, къуэшхэм мыпхуэдэ жраӀэу щӀадзащ: – Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм сунэт фащӀын хуейуэ къегъэув, сунэт фамыщӀмэ, Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынукъым.

2 Паулрэ Варнавэрэ абыхэм жаӀэр ямыдэу хуабжьу едэуащ. Арати, къуэшхэм мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ, цӀыху гуп я гъусэу, Ерусалим дэс апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж мы Ӏуэхум щхьэкӀэ ягъэкӀуэну.

3 Члисэ зэхуэсым щыщхэр Паулрэ Варнавэрэ ядэкӀуатэри, гъуэгу трагъэхьащ. Паулрэ Варнавэрэ Финикиемрэ Самариемрэ кӀуэцӀрыкӀащ. ЩыкӀуэцӀрыкӀым, хамэ лъэпкъ щыщхэр Тхьэм и гъуэгу зэрытехьам и хъыбарыр къуэш псоми хуаӀуэтэжри, ахэр хуабжьу ягъэгуфӀащ.

4 Ерусалим щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэми, апостолхэми, нэхъыжьхэми ахэр ирагъэблэгъащ. Тхьэм абыхэм ящӀэну ялъигъэкӀа псори хуаӀуэтэжащ.

5 Апхуэдэу щыхъум, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фарисей гупкӀэ зэджэ динырылажьэхэм щыщхэр къэтэджри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъ щыщхэри сунэт фщӀын, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри евгъэгъэзэщӀэн хуейщ.

6 А Ӏуэхум тепсэлъыхьын щхьэкӀэ, апостолхэри нэхъыжьхэри зэхуэсащ.

7 Куэдрэ зэдэуа нэужь, Петр къэтэджри, абыхэм яжриӀащ: – Си къуэшхэ, фэ фщӀэркъэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну Тхьэм сэ псом япэ сыкъызэрыфхихар.

8 Езы Тхьэуэ цӀыхухэм я гум илъыр зыщӀэм и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхам хуэдэу, хамэ лъэпкъ щыщхэми къахуригъэхыурэ, ахэри зэрищтэр къигъэлъэгъуащ.

9 Абыхэмрэ дэрэ дякум Тхьэм зэхэгъэж къыдилъхьакъым, абыхэм ягури фӀэщхъуныгъэмкӀэ игъэкъэбзэжащи.

10 Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?

11 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэм и фыгъэкӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыр ди фӀэщ мэхъу, абы и нэфӀ щыхуэныгъэм и гъуэгукӀэ хамэ лъэпкъ щыщхэри мыкӀуэду къызэрыригъэлым хуэдэу.

12 ЦӀыху зэхуэса псори щым хъуауэ, хамэ лъэпкъхэм я деж Тхьэм Варнавэрэ Паулрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу щаригъэгъэлъэгъуахэри Ӏуэху телъыджэу щаригъэлэжьахэри къыщаӀуэтэжым, едаӀуэрт.

13 И ужькӀэ, псэлъэн щаухым, Екъуб жиӀащ: – Си къуэшхэ, мы жысӀэм фыкъедаӀуэ!

14 Тхьэр езым и цӀэкӀэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщӀыкӀэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщӀыкӀащ.

15 Бегъымбархэм я псалъэхэр Петр жиӀам тохуэ. Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,

16 «ИтӀанэ къэзгъэзэжынурэ, Даут пащтыхьым и унэ къызэтеуар зэтезгъэувэжынущ, жеӀэ Зиусхьэным. Зэхэкъутахэри сщӀыжынурэ, а унэр зэтезгъэувэжынущ,

17 дунейм и цӀыхуу къэнахэмрэ сэ си цӀыху хъуну къыхуезджа хамэ лъэпкъ псомрэ Зиусхьэным лъыхъуэн щхьэкӀэ.

18 Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм езыгъэщӀар арщ».

19 Екъуб мыри къыщӀигъужащ: – Аращи, сэ сызэригугъэмкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщу Тхьэм и гъуэгу техьэхэм гугъуехь ятелъхьэн хуейкъым.

20 Ауэ цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, зинэ щӀэным, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, лъым пэӀэщӀэ защӀыну, езыхэм къращӀэну зыхуэмейр нэгъуэщӀхэм ирамыщӀэнуи дэ яхуэттхын хуейщ;

21 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пасэрей зэманхэм къащыщӀэдзауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэм къалэ псоми щезыгъэдаӀуэхэри, щэбэт махуэ къэси абы итхэм щеджэ синэгуэгухэри щыӀэщ.


Хамэ лъэпкъ щыщу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ хуатха тхылъыр

22 Арати, члисэ зэхуэсым хэт псори я гъусэу, апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ мурад ящӀащ езыхэм я цӀыхухэм щыщу лӀы гуэрхэр къыхахыну, Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъуу Антиохие ягъэкӀуэн щхьэкӀэ. Къуэшхэм я унафэщӀхэм ящыщу ВарсавэкӀэ зэджэ Иудэрэ Силэрэ хахащ.

23 Мыпхуэдэ тхылъ ятхри, абыхэм иратащ: «Фи къуэшхэу апостолхэми нэхъыжьхэми, фэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ къуэшхэу Антиохие къалэм дэсхэми, Сирие, Киликие хэкухэм исхэми фӀэхъус фыдох.

24 ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.

25 Аращи, дэ дызэхуэсри, цӀыху гуэрхэр хэтхыу, дэ фӀыуэ тлъагъу Варнавэрэ Паулрэ я гъусэу ныфхуэдгъэкӀуэну дызэгурыӀуащ.

26 А тӀур Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэм хуолажьэ, я псэми еблэжыркъым.

27 Апхуэдэу Иудэрэ Силэрэ ныфхудогъакӀуэ. Дэ ттхар абыхэм я жьэкӀэ къывгурагъэӀуэнущ.

28 ФызэдэӀуэн хуей мы унафэхэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хьэлъэ фтедмылъхьэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀи дэркӀи тфӀэигъуэщ.

29 ЦӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуаукӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. Фэ къыващӀэну фызыхуэмейр нэгъуэщӀхэм евмыщӀэ! А Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыфщӀымэ, фӀы фощӀэ. Узыншэу фыщыт!»

30 А лӀыхэр гъуэгум трагъэхьащ. Ахэр Антиохие щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, тхылъыр иратащ.

31 Тхылъым щеджэм, ахэр абы ит хъыбарым игъэгушхуащ икӀи игъэгуфӀащ.

32 Иудэрэ Силэрэ, бегъымбарти, къуэшхэм ягухэр псалъэ куэдкӀэ ягъэбыдэурэ ягъэгушхуащ.

33 Ахэр абы тӀэкӀурэ щыпсэуа нэужь, къэзыгъэкӀуахэм я деж ягъэзэжыну гъуэгу махуэкӀэ ехъуэхъури, къуэшхэм ирагъэжьэжащ.

34 Ауэ Силэ Антиохие къыдэнэну триубыдащ. Иудэ Ерусалим игъэзэжащ.

35 Паулрэ Варнавэрэ Антиохие къыдэнащ. НэгъуэщӀ куэдым я гъусэу, цӀыхухэм Зиусхьэным и псалъэхэр ирагъащӀэрэ, хъыбарыфӀым щӀагъэдэӀуу, ахэр Антиохие дэсащ.


Паулрэ Варнавэрэ зэрызэбгъэдэкӀар

36 Зыкъом дэкӀа нэужь, Паул Варнавэ жриӀащ: – Тхьэм и псалъэхэм щедгъэдаӀуэу щыта къалэ псоми дэс къуэшхэм я деж дыгъэгъэзэжи, зэрыпсэур зэдгъэгъэлъагъу.

37 Варнавэ МарккӀэ зэджэ Иуан здишэну хуейт.

38 Ауэ Паул ар я гъусэу здашэныр игъуэу къилъытакъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ МарккӀэ зэджэ Иуан Памфилие хэкум щабгъэдэкӀри, абыхэм Ӏуэху ядищӀэну ядэкӀуэтэкъым.

39 Паулрэ Варнавэрэ апхуэдизкӀэ зэныкъуэкъуати, зэбгъэдэмыкӀыу хъуакъым. Варнавэ Марк здишэри, Кипр хытӀыгум кхъухькӀэ кӀуащ.

40 Паул гъусэу Силэ къыхихащ. Къуэшхэм Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къащыхуэну елъэӀуа нэужь, ахэр гъуэгу техьащ.

41 Члисэ зэхуэсхэм ящыщхэр ягъэгушхуэурэ, Сирие, Киликие хэкухэр зэхакӀухьащ абыхэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan