Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол. 14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Иконие къалэм дэсхэр Тхьэм и псалъэхэм Паулрэ Варнавэрэ ирагъэдаӀуэу зэрыщытар

1 Иконие къалэм щынэсым, я хабзэм тету, Паулрэ Варнавэрэ журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ. Журтхэмрэ алыджхэмрэ ящыщ куэдым фӀэщхъуныгъэр яӀэ ягъэхъуурэ, епсэлъащ.

2 Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.

3 Паулрэ Варнавэрэ, Зиусхьэным и хъыбарыр тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэурэ, а къалэм куэдрэ зыщаӀэжьащ. Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт техъуэурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къагъэлъэгъуэну, Ӏуэху телъыджэхэри ялэжьыну Паулрэ Варнавэрэ лъэкӀыныгъэ яритащ.

4 А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.

5 Хамэ лъэпкъ щыщхэри, журтхэри, абыхэм я пашэхэри я гъусэу, зэгурыӀуэри, мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэну, мывэкӀэ къеуэури къаукӀыну.

6 Паулрэ Варнавэрэ абыхэм я мурадыр къы-щащӀэм, Ликаоние хэкум щыщ къалэхэу Листрэрэ Дервиерэ, абыхэм я Ӏэхэлъахэм кӀуащ.

7 ЦӀыхухэр хъыбарыфӀым щрагъэдэӀуащ а щӀыпӀэхэми.


Листрэ къалэм дэсхэр Тхьэм и псалъэхэм Паулрэ Варнавэрэ ирагъэдаӀуэу зэрыщытар

8 Листрэ къалэм лӀы ныкъуэдыкъуэ гуэр дэсащ. Абы и лъакъуэхэр къыщӀэувэртэкъым, къызэралъхурэ, игъащӀэм земыкӀуауэ абдежым щыст.

9 Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум,

10 Паул макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ныбжызоӀэ: къызэфӀэувэ. ЛӀым, къыщылъэтри, къикӀухьу щӀидзащ.

11 Паул ищӀар цӀыхухэм щалъагъум, Ликаоние хэкум и бзэкӀэ ину жаӀащ: – Тхьэхэр, цӀыху теплъэ яӀэу, къытхуехащ.

12 Варнавэ Зевс фӀащащ, къэпсэлъар Паулти, абы ЕрмийкӀэ еджэ хъуащ.

13 Зевс и унэшхуэ къалэм тӀэкӀу пыӀудзауэ щытым и дин пашэм цӀыхухэм выхэр куэбжэм деж къаригъэхуащ, тажхэри къригъэхьащ, езыри цӀыху гупышхуэри Паулрэ Варнавэрэ къурмэн хуащӀыну хуейти.

14 Ауэ апостолхэу Варнавэрэ Паулрэ ар щызэхахым, хуамыдэу я щыгъынхэр зэфӀатхъыжурэ, цӀыху гупышхуэм яхэлъадэри, макъышхуэкӀэ псалъэу щӀадзащ.

15 – Фэ лӀы гупым сыт фщӀэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцӀыхущ. Мы тхьэ нэпцӀ сэбэпыншэхэм фи щӀыбыр яхуэвгъазэу, Тхьэ пэжу псэум фи гупэ хуэвгъэзэн щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр фхудоӀуатэ. Тхьэращ уафэри, щӀыри, хыри, абыхэм щыпсэу псори къэзыгъэщӀар.

16 БлэкӀа лъэхъэнэхэм лъэпкъ псори зэрыхуейуэ я гъуэгу ирикӀуэжыну хуит ищӀащ.

17 Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм щыхьэтыншэ зищӀакъым: Уафэм къикӀыу уэшх къытхуригъэшхыу, и игъуэм гъавэр къытхуигъэкӀыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфӀэу, фӀыгъуэшхуэхэр къытхуищӀэ зэпытщ.

18 Паулрэ Варнавэрэ къурмэн зыхурамыгъэщӀу, цӀыхухэр ерагъкӀэ ягъэувыӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.

19 Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ. А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ.

20 АрщхьэкӀэ и гъусэхэм къыщаувыхьым, къэтэджри, Паул къалэм къыдыхьэжащ. Варнавэ и гъусэу, Паул Дервие къалэм кӀуащ етӀуанэ махуэм.


Сирие хэкум щыщ Антиохие къалэм Паулрэ Варнавэрэ зэрагъэзэжар

21 Паулрэ Варнавэрэ Дервие къалэми цӀыхухэм хъыбарыфӀыр щыхуаӀуатэурэ, цӀыхубэр Хьисэ и гъуэгу трагъэхьа нэужь, Листрэ, Иконие, Антиохие къалэхэм ягъэзэжащ.

22 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.

23 Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ.

24 Писидие хэкум кӀуэцӀрыкӀри, Памфилие хэкум нэсащ абы и ужькӀэ.

25 Пергие къалэм цӀыхухэр Зиусхьэным и псалъэхэм щрагъэдэӀуа нэужь, Атталие къалэм ехащ.

26 А къалэм къыдэкӀри, кхъухькӀэ Антиохие къалэм кӀуащ. Антиохиеращ члисэ зэхуэсым щыщхэм Паулрэ Варнавэрэ ялэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну зыщыхуагъэзар.

27 Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ.

28 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я деж куэдрэ щыӀэну къэнащ ахэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan