Апостол. 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм Тхьэм хуэлэжьэну Варнавэрэ Щаулрэ зэрагъэувар 1 Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ. 2 Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀ ису щыщӀадзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм къажриӀащ: – Варнавэрэ Щаулрэ сэ зыхуезджа Ӏуэхум щхьэкӀэ къысхуэвгъанэ. 3 Арати, жэщи махуи нэщӀ иса нэужь, ахэр Тхьэм елъэӀуащ, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри, Тхьэм хуэлэжьэну ягъэкӀуащ. Кипр хытӀыгум щыщ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм апостолхэм ирагъэдаӀуэу зэрыщытар 4 Варнавэрэ Щаулрэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъакӀуэри, Селевкие къалэм нэсащ. Абдежым кхъухькӀэ щежьэхэри, Кипр хытӀыгум кӀуащ. 5 Саламин къалэм нэсри, журтхэм я синэгуэгухэм* цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуащ. Иуан абыхэм дэӀэпыкъуэгъуу я гъусэт. 6 ХытӀыгум и кӀыхьагъкӀэ ирикӀуэри, Паф къалэм щынэсым, удыгъэ Ӏуэхум хэт журт бегъымбар нэпцӀ гуэрым ӀущӀащ. Абы и цӀэр Варисуст. 7 Ар хытӀыгум и Ӏэтащхьэ Сергей Паул зи цӀэм и гъусэт. Сергей Паул цӀыху губзыгъэу щытащ. Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэну фӀэфӀти, абы Варнавэрэ Щаулрэ иригъэблэгъащ. 8 Ауэ удыгъэ Ӏуэхум хэт Елимэ зи цӀэр (Елимэм къикӀыр «Удыгъэ Ӏуэхум хэтырщ»), Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу тримыгъэхьэным и ужь иту, Варнавэрэ Щаулрэ япэувырт. 9 Ауэ Щаулу ПаулкӀи зэджэм и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр хуабжьу хыхьэри, и нэхэр Елимэ триубыдауэ жиӀащ: 10 – Уэ шейтӀаным урикъуэщ, уэ пэжыгъэ псом урабийщ. ГъэпцӀагъэ псори бзаджагъэ псори уи гум хуэфӀу илъщ. Тхьэм и гъуэгу занщӀэхэр къуаншэ пщӀыну ухэтыныр щыбгъэтынукъэ? 11 Зиусхьэным и Ӏэр къыптелъщ иджы. Дыгъэм и нэхур умылъагъуу, пӀалъэ гуэркӀэ нэф ухъунущ. Асыхьэт дыдэм пшагъуэри кӀыфӀыгъэри Елимэ къыхуехащ. Ежьэри, къезышэкӀын гуэрым лъыхъуэу щӀидзащ итӀанэ. 12 Абы къыщыщӀар щилъагъум, Ӏэтащхьэм фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Варнавэрэ Паулрэ Зиусхьэным теухуа хъыбару кърагъэщӀар Ӏэтащхьэм игъэщӀэгъуащ. Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм Паулрэ Варнавэрэ зэрыкӀуар 13 Паулрэ и гъусэхэмрэ Паф къалэм кхъухькӀэ щежьэри, Памфилие хэкум щыщ Пергие къалэм кӀуащ. Иуан ахэр абы къыщинэри, Ерусалим игъэзэжащ. 14 Адрей лӀитӀыр Пергие къалэм блэкӀри Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм нэсащ. Щэбэт махуэм* синэгуэгум щӀыхьэри тӀысащ. 15 Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ ящыщ гуэрхэм еджа нэужь, синэгуэгу пашэхэм зыгуэр ягъакӀуэри жрагъэӀащ: – Ди къуэшхэ, мы цӀыхухэр зэрывгъэгушхуэн псалъэхэр фщӀэмэ, жыфӀэ! 16 Паул къэтэджщ, Ӏэ яхуищӀри, жиӀащ: – Фэ, израил цӀыхухэри, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэри, фыкъэдаӀуэ. 17 Израил лъэпкъым и Тхьэм ди адэжьхэр къыхихащ. Ди лъэпкъыр Мысырым щисым, лъэпкъышхуэ ищӀри, абы къаруушхуэкӀэ къришыжащ. 18 Губгъуэ нэщӀым илъэс плӀыщӀкӀэ щигъэшхащ. 19 Ханаан къэралым щыпсэу лъэпкъиблыр игъэкӀуэдри, абыхэм я къэралыр израил лъэпкъым и Ӏыхьэ хъуну къыхуигъэнэжащ. 20 А псори илъэс щиплӀрэ щэ ныкъуэм къриубыдэу къэхъуащ. – Абы и ужькӀэ Тхьэм хеящӀэхэр абыхэм яритащ, Самуел бегъымбарым и махуэхэм нэсыху. 21 Пащтыхь яхухихыну цӀыхухэр Самуел елъэӀуащ итӀанэ. Биниамин и унагъуэ лъэпкъым щыщу, Къыш и къуэ Щаул пащтыхь яхуэхъуну Тхьэм яритащ. Абы и ужькӀэ илъэс плӀыщкӀэ ар пащтыхьу щытащ. 22 Тхьэм ар тригъэкӀыжри, Даут пащтыхьу игъэуващ. Тхьэм Даут мыпхуэдэу щыхьэт хуэхъуащ: «Иессе и къуэу Даутыр си гум ирихь цӀыхуу къэзгъуэтащ. Сэ сызыхуей псори абы игъэзэщӀэнущ». 23 А лӀым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу, израил цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэщ; Тхьэм ар абыхэм къахуигъэкӀуащ, я адэжьхэр къызэригъэгугъам тету. 24 Хьисэ къэмыкӀуэ щӀыкӀэ, Иуан «Фэ фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ», жиӀэурэ израил цӀыху псоми хъыбар яхуиӀуатэрт. 25 Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт: «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым». 26 (Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ. 27 Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. 28 Хьисэ укӀ щӀытралъхьэн щхьэусыгъуэ ямыгъуэта пэтми, Пилат Ӏэтащхьэм елъэӀуащ ар иукӀыну. 29 Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори абыхэм ягъэзэщӀа нэужь, Хьисэ и гъусэхэм абы и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ. 30 Ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. 31 Хьисэ и гъусэу Галилей хэкум къикӀыу Ерусалим къэкӀуэгъахэм махуэ куэдкӀэ закъригъэлъагъуурэ екӀуэкӀащ итӀанэ. Ахэращ дэ ди лъэпкъым и пащхьэм Хьисэ щыхьэт щыхуэхъур иджы. 32 – Мы хъыбарыфӀыр дэ нывжыдоӀэ иджы: Тхьэм Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къигъэщыпкъэжурэ, дэ, абыхэм къатехъукӀа цӀыхухэм, тхуигъэзэщӀащ. 33 Уэрэд ЛъапӀэхэм ит етӀуанэ уэрэдым Тхьэм Хьисэ къызэрыщыжриӀэм хуэдэу: «Уэращ си Къуэр, нобэ адэ сыпхуэхъуащ». 34 Хьисэ зэи мылӀэжыну лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар Тхьэм мы псалъэхэмкӀэ жиӀащ: «Си нэфӀ щыхуэныгъэ лъапӀэр Ӏэмал имыӀэу ныфлъызгъэсынущ, Даут зэрызгъэгугъэгъам тету». 35 Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ: «Уэ уи ӀурыщӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым». 36 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и зэриухам тету, Даут и махуэхэм Тхьэм хуэлажьэри, дунейм ехыжащ. И адэжьхэр зыщӀэлъ кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжри, и хьэдэр фыжащ. 37 Ауэ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар иужькӀэ лӀэжакъым, и хьэдэри фыжакъым. 38 Аращи, си къуэшхэ, мыр зэвгъащӀэ, фэ гуэныхьу фщӀар Хьисэ къызэрыфхуигъэгъужынум и хъыбар фхудоӀуатэ. 39 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым. 40 Фызыхуэсакъыж, бегъымбархэм жаӀа мы псалъэхэр фэ къыфлъремыс: 41 «ФыкъэдаӀуэ, фэ, Тхьэм и псалъэхэр зэзымыпэсхэ, вгъэщӀагъуэ икӀи фыкӀуэд; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фи махуэхэм Ӏуэхушхуэ гуэр згъэзэщӀэнущ. А Ӏуэхушхуэм и хъыбарыр зыгуэрым къывжиӀакӀи фи фӀэщ хъунутэкъым». 42 Паулрэ Варнавэрэ синэгуэгум къыщыщӀэкӀыжам къыкӀэлъыкӀуэ щэбэт махуэм а Ӏуэхухэм тепсэлъыхьыну цӀыхухэр къелъэӀуащ. 43 ЗэӀущӀэр щызэбгрыкӀыжым, журтхэм ящыщ куэди, журт хъуа хамэхэм ящыщ куэди Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъут. Епсалъэурэ, а тӀум абыхэм быдэу гурагъэӀуащ Тхьэм и нэфӀыр къазэрыщыхуэнум и ужь ит зэпыту щытын зэрыхуейр. 44 КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэт махуэм Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, къалэм дэс цӀыху псори, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, зэхуэсащ. 45 Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ. 46 Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ; 47 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу унафэ къытхуищӀащ: «Хамэ лъэпкъхэм нэхугъэ уахуэхъуну узгъэуващ, щӀым и гъунэхэм нэсыху, цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлын щхьэкӀэ». 48 Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. 49 Зиусхьэным и псалъэхэр а хэкум дэнэкӀи ис цӀыхухэм щалъэӀэс хъуащ. 50 Ауэ пщӀэ зиӀэ цӀыхубзу Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ къалэм и пашэхэмрэ къызэщӀагъэплъащ журтхэм. Арати, цӀыхухэр Паулрэ Варнавэрэ ятезэрыгуэну зэщӀаӀэтащ, я хэкуми кърахуащ а тӀур. 51 Паулрэ Варнавэрэ я лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр цӀыхухэм ялъагъуу кӀэрагъэщэщыжри, Иконие къалэм кӀуащ. 52 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гуфӀэгъуэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ я гум куэду илъ хъуащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden