Апостол. 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тепщэныгъэ зиӀэхэм Екъуб зэраукӀамрэ Петр лъэхъуэщым зэрыщӀадзамрэ 1 Ирод пащтыхьым члисэ зэхуэсым щыщ цӀыху гуэрхэр яригъэубыдри, и заулӀхэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ярыригъащӀэу щӀидзащ а махуэхэм. 2 Иуан и къуэш Екъубыр джатэкӀэ иригъэукӀащ. 3 Ар журтхэм яфӀэфӀ зэрыхъуар щилъагъум, Ирод и зауэлӀхэм Петри яригъэубыдащ. Ар къыщыхъуар ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэращ. 4 Петр яригъэубыдри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ Ирод, зауэлӀ плӀырыплӀ хъу гупиплӀым яхъумэну яӀэщӀилъхьащ ар. Ирод и мурадт ар ӀутӀыж махуэшхуэм и ужькӀэ хеящӀэм и пащхьэм иришэну. 5 Апхуэдэу Петр лъэхъуэщым щӀагъэсащ, члисэ зэхуэсым щыщхэр еш ямыщӀэу Тхьэм хуелъэӀуащ абы апщӀондэху. МелыӀычым Петр лъэхъуэщым къызэрыщӀишыжар 6 Ирод пащтыхьым Петр хеящӀэ пащхьэм щришэну махуэм и пэ къихуэ жэщым ар, Ӏэхъулъэхъу тӀуащӀэ иралъхьауэ, зауэлӀитӀым яку дэлъу жейрт. ХъумакӀуэхэм, бжэм Ӏуту, лъэхъуэщыр яхъумэрт. 7 Зиусхьэным и мелыӀычыр а унэм къыщӀэхутэри, унэр нэху къэхъуащ напӀэзыпӀэм. МелыӀычыр Петр и джабэм еуӀури, къигъэушащ: – ПсынщӀэу тэдж! – жиӀащ абы. Петр и Ӏэхэм Ӏэхъулъэхъур къыфӀэхуащ. 8 – Зыхуапэ, уи вакъэхэри зылъытӀагъэ! – жриӀащ мелыӀычым Петр. Петр апхуэдэу ищӀащ. МелыӀычым жиӀащ итӀанэ: – Уи щыгъын щӀыӀутелъыр щытӀагъи, си ужь иту къакӀуэ! 9 Петр, мелыӀычым и ужь иту, лъэхъуэщым къыщӀэкӀыжащ. Ауэ мелыӀычым илэжьар пэжрэ мыпэжрэ Петр ищӀакъым, атӀэ зыгуэр къыхуэхутауэ и гугъащ. 10 Япэрей хъумакӀуэ гупми етӀуанэрей хъумакӀуэ гупми къаблэкӀри, къалэ дыхьэпӀэм хэлъ гъущӀ куэбжэм нэсащ ахэр. Куэбжэм езыр-езыру абыхэм закъызэхуӀуихащ. Куэбжэм дэкӀри, зы уэрам ирикӀуа нэужь, Петр къигъанэри, мелыӀычыр ӀукӀыжащ напӀэзыпӀэм. 11 ЗыкъыщищӀэжым, Петр жиӀащ: – Зиусхьэным и мелыӀычыр къигъакӀуэу, Ирод сыкъызэрыӀэщӀихари, журт цӀыхухэм къысщыщӀыну жыхуаӀэ Ӏей псори симыгъэлъагъуу, сыкъызэрыригъэлари си нэгу щӀэкӀащ иджы. 12 Петр къехъулӀар къыщыгурыӀуэжым, МарккӀэ зэджэ Иуан и анэ Мэрием деж кӀуащ ар. Абы деж цӀыху куэд щызэхуэсауэ Тхьэм елъэӀурт. 13 Петр куэбжэм щытеуӀуэм, Родэ и цӀэу унэӀут хъыджэбз гуэр къэкӀуащ куэбжэр Ӏуихыну. 14 Петр и макъыр къыщицӀыхужым, гуфӀэгъуэм зэщӀищтауэ, куэбжэр Ӏуимыхыу, унэм щӀэлъэдэжри, Петр куэбжэм зэрыӀутыр унэм щӀэсхэм яжриӀащ абы. 15 – Уэ жыпӀэр пщӀэжыркъым, – къыжраӀащ абыхэм. Ауэ хъыджэбзыр жиӀам текӀакъым. ИтӀанэ жаӀащ: – Ар Петр и мелыӀычырагъэнущ. 16 Петр куэбжэм теуӀуэ зэпытт. Куэбжэр Ӏуахыу, Петр щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. 17 Заущэхуну Петр Ӏэ яхуищӀри, Зиусхьэным лъэхъуэщым къызэрыщӀишыжар абыхэм яхуиӀуэтащ. ИтӀанэ жиӀащ: – Екъуби адрей къуэшхэми къэхъуар евгъащӀэ. Ар жиӀэщ, а унэм къыщӀэкӀыжри, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым кӀуащ. 18 Нэху щыщым, зауэлӀхэр гузэвэгъуэшхуэм хэхуауэ зыр зым еупщӀыжырт: – Дэнэ Петр щыбзэхар? 19 ЗауэлӀхэм Петр къаригъэлъыхъуэри щамыгъуэтым, Ирод пащтыхьым хъумакӀуэхэм хьэкум ятрищӀыхьри яригъэукӀащ. Ирод пащтыхьыр Иудей хэкум икӀщ, Кесарие къалэм ехри, абы къыдэнащ. Ирод пащтыхьыр зэрылӀар 20 Ирод пащтыхьым Тир, Сидон къалэхэм дэсхэм хуабжьу гужьгъэжь яхуиӀэ хъуат. А къалэхэм дэсхэр зэгурыӀуэри, Ирод деж кӀуащ. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэу Власт зи цӀэм гурыӀуэри, пащтыхьыр къаригъэкӀужыну елъэӀуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пащтыхьым и къэралым къраш гъавэрат ахэр зэрыпсэур. 21 Игъэува пӀалъэм Ирод, и пащтыхь щыгъынхэр щыгъыу, пащтыхь тахътэм тетӀысхьэри, цӀыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ. 22 – Мыр цӀыху макъкъым, Тхьэм и макъщ, – жаӀэурэ цӀыхухэр зэрыгъэкӀийрт. 23 Ирод пащтыхьым Тхьэм щӀыхьышхуэ зэрыхуимыщӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и мелыӀыч гуэр а дакъикъэ дыдэм къригъэуащ. ХьэпӀацӀэхэм яшхыурэ, абы и псэр хэкӀащ. 24 Тхьэм и псалъэхэм, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсурэ, заубгъурт. 25 Варнавэрэ Щаулрэ я Ӏуэхур щаухым, Ерусалим къыдэкӀыжщ, МарккӀэ зэджэ Иуан здашэри, Антиохие къалэм ягъэзэжащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden