Апостол. 11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ерусалим и члисэ зэхуэсым и пащхьэм Петр къэхъуар зэрыщиӀуэтэжар 1 Хамэ лъэпкъхэм щыщхэми Тхьэм и псалъэхэр зэращтар апостолхэмрэ Иудей хэкум ис къуэшхэмрэ зэхахащ. 2 Апхуэдэу щыхъум, Петр Ерусалим щыкӀуам, сунэт ящӀахэм Петр илэжьар ямыдэу, 3 жраӀащ: – Уэ сунэт ямыщӀахэм я деж ущӀыхьэри уадэшхащ. 4 Петр Ӏуэхур зэрекӀуэкӀар чэзу-чэзууэ къагуригъаӀуэу щӀидзащ итӀанэ: 5 – Иоппие къалэм Тхьэм сыщелъэӀурт. Тхьэм си акъылыр сщхьэщихури, щэкӀ хужь иным хуэдэу, зыгуэр уафэм къехыу къэслъэгъуащ абы щыгъуэ. Ар къуапиплӀкӀэ кӀэрыщӀауэ, уафэм кърагъэлэлэха хуэдэ, си пащхьэм ихьащ. 6 ЩэкӀ хужьым сыщеплъым, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэ Ӏэщхэр, хьэкӀэкхъуэкӀэхэр, ныбэгукӀэ къэзыпщыхь псэущхьэхэр, къуалэбзухэр слъэгъуащ. 7 Макъ гуэрым «Петр, къэтэдж. ФӀэгъэжи, шхы!» къызжиӀэу зэхэсхащ. 8 «Хьэуэ, Зиусхьэн, ар хъуххэнукъым, мышхыпхъи хьэрэми зэи зыӀуслъхьакъым», жысӀэри жэуап стыжащ. 9 – А макъыр уафэм етӀуанэу къиӀукӀащ: «Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ», жиӀэу. 10 Апхуэдэу щэнейрэ хъуащ. Уафэм псори дэкӀуеижащ итӀанэ. 11 – А дакъикъэ дыдэм Кесарие къалэм кърагъэкӀыу си деж къагъэкӀуа лӀищ сэ сызыщӀэс унэм и бжэӀупэм къыӀухьащ. 12 Сымычэнджащэу, абыхэм ящӀыгъуу, сыкӀуэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызжиӀащ. Мы къуэшихри си гъусэу дыкӀуэри, а лӀым и унэм дыщӀыхьащ. 13 А лӀым къыджиӀащ и унэм мелыӀыч гуэр къыщыхутэу, мыпхуэдэу жиӀэу зэрилъэгъуар: «ПетркӀэ зэджэ Симон къашэну лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ. 14 Уэрэ уи унагъуэм исхэмрэ фымыкӀуэду фыкъезыгъэлыну псалъэхэр абы къыбжиӀэнущ». 15 – Сыпсэлъэну щыщӀэздзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абыхэм къахуехащ, дэри япэм къызэрытхуехыгъам хуэдэу. 16 Абы щыгъуэ сигу къэкӀыжащ Зиусхьэным жиӀэгъа псалъэхэр: «Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъу щытащ, ауэ Тхьэм фэ езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ». 17 Зиусхьэну Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхыгъам хуэдэу, абыхэми къахуригъэхамэ, сэ сыхэт Тхьэм сыпэувыну? 18 А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ. Антиохие къалэм члисэ зэхуэс щыӀэ зэрыхъуар 19 Стефан мывэкӀэ еуэурэ яукӀа нэужь, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гугъуехь куэд зэрырагъэшэчам къыхэкӀкӀэ, ахэр зэбгрыкӀащ. Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр журтхэм фӀэкӀа зыми хуамыӀуатэурэ, Финикие хэкуми, Кипр хытӀыгуми, Антиохие къалэми нэс кӀуащ ахэр. 20 Кипр хытӀыгум щыщ лӀы гупми, Кириние къалэм щыщ нэгъуэщӀ лӀыхэми, Антиохие къалэм* кӀуа нэужь, Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр алыджхэми хуаӀуэтащ. 21 Зиусхьэныр я гъусэт абыхэм икӀи цӀыху куэд, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуурэ, Зиусхьэным и гъуэгу техьащ. 22 Мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр Ерусалим щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм ялъэӀэсащ. ЩалъэӀэсым, Варнавэ Антиохием ягъэкӀуащ. 23 Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ. 24 Варнавэ цӀыхуфӀу щытащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри фӀэщхъуныгъэри и гум ину илъащ. Апхуэдэурэ, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм куэд къыхэхъуащ. 25 Щаул лъыхъуэну Варнавэ Тарс къалэм кӀуащ итӀанэ. Абы ар къыщигъуэтри, Антиохием здишащ. 26 Члисэ зэхуэсым щыщхэм я гъусэу зэхуэсурэ, цӀыху куэдым Тхьэм и псалъэхэр илъэс псокӀэ яригъэщӀащ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм «чыристанкӀэ» еджэ япэ дыдэ щыхъуар Антиохиерщ. 27 А махуэхэм бегъымбар гуп Ерусалим къикӀри Антиохием къэкӀуащ. 28 Абыхэм ящыщу Агав зи цӀэр къэтэджри, дуней псом гъаблэшхуэ къызэрыщыхъунур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и гум кърилъхьэри къыжригъэӀащ. Клавдий кесарым и тепщэгъуэращ ар къыщыхъуар. 29 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, щхьэж зэрылъэкӀкӀэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящӀащ абы щыгъуэ. 30 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм апхуэдэу ящӀщ, абыхэм зэхуахьэса ахъшэр Варнавэрэ Щаулрэ ӀэщӀалъхьэри, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм хуахьыну ягъэкӀуащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden