Апостол. 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Корнелий и лӀыкӀуэхэм Петр къазэрыригъэшар 1 Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ. 2 Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт. 3 Шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым нэблэгъауэ, Тхьэм и мелыӀычыр абы къыбгъэдыхьэщ, «Корнелий!» жиӀэри и пащхьэ къихутащ. 4 Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым. 5 – ПетркӀэ зэджэ Симон къашэн щхьэкӀэ, Иоппие къалэм лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ. 6 Ар зи унэр хы Ӏуфэм Ӏут Симон фащӀэм и хьэщӀэщ. 7 Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ, 8 къэхъуа псори яхуиӀуэтэжри, Иоппие къалэм игъэкӀуащ. 9 ЕтӀуанэ махуэм ахэр гъуэгум тетурэ, къалэм пэгъунэгъу щыхъум, сыхьэтыр пщыкӀутӀым нэблэгъауэ, Петр Тхьэм елъэӀуну унащхьэм дэкӀуеящ. 10 Абы тетурэ къэмэжалӀэри, шхэн хуей хъуащ. Шхыныр ягъэхьэзыр щыхъум, Петр зыгуэр къыхуэхутащ. 11 Уафэр зэӀукӀри, щэкӀ хужь иным ещхь гуэр къехыу илъэгъуащ. А щэкӀыр къуапиплӀкӀи кӀэрыщӀауэ, щӀым кърагъэлэлэхам хуэдэт. 12 Дэтхэнэ лъэпкъыгъуэми щыщу лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэ псэущхьэхэр, ныбэгукӀэ къэзыпщыхь псэущхьэхэр, къуалэбзухэр а щэкӀ хужьым кӀуэцӀылът. 13 Петр макъ гуэр зэхихащ: – Петр, къэтэдж. ФӀэгъэжи, шхы! 14 – Хьэуэ, Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – ар хъуххэнукъым. Мышхыпхъи хьэрэми зэи сшхакъым. 15 А макъым Петр къыжриӀащ етӀуанэу: – Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ. 16 Апхуэдэу щэнейрэ хъуащ. ЩэкӀ хужьыр уафэм дэкӀуеижащ итӀанэ. 17 Къыхуэхутар зищӀысым егупсысу Петр здэщысым, Корнелий къигъэкӀуа лӀыхэр, щӀэупщӀэурэ, Симон и унэр къагъуэтауэ куэбжэм Ӏутт. 18 – ПетркӀэ зэджэ Симон мы унэм щӀэс? – жаӀэри, щӀэупщӀэурэ къэджащ. 19 Петр къыхуэхутам здегупсысым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыжриӀащ: – Мис, лӀищ къыплъохъу. 20 Къэтэджи, щӀэкӀ, умычэнджащэу абыхэм ядэкӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр къэзыгъэкӀуар сэращ. 21 Петр абыхэм ябгъэдыхьэри, яжриӀащ: – Фэ фызылъыхъуэр сэращ. Ӏуэху гуэр фиӀэу фыкъэкӀуа? 22 – Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы. 23 Апхуэдэу щыхъум, Петр ахэр къригъэблагъэри игъэхьэщӀащ. А лӀыхэм я гъусэу, Петр етӀуанэ махуэм гъуэгу техьащ. Иоппие къалэм щыщ къуэшхэри и гъусэу ежьащ. 24 КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм ар Кесарие къалэм нэсащ. Корнелий и унэкъуэщхэри и благъэхэри къызэхуишэсауэ абыхэм къапэплъэрт. 25 Петр унэм щыщӀыхьэм, Корнелий абы къыпежьэщ, и лъабжьэм зыкъыщӀидзэри, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. 26 Корнелий къигъэтэджри, Петр жиӀащ: – Къэтэдж, сэри сыцӀыху къудейщ. 27 Корнелий епсалъэурэ, унэм щыщӀыхьэм, цӀыху куэд къызэхуэсауэ илъэгъуащ Петр. 28 – Журт гуэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм яхыхьэну е я унэм щӀыхьэну ди хабзэм къызэремызэгъыр фэри фощӀэ, – яжриӀащ Петр абыхэм. – Ауэ Тхьэм зэхызигъэщӀыкӀащ цӀыху гуэр е мыкъабзэу е фӀейуэ сымылъытэну. 29 Аращи, мы лӀыкӀуэхэм сыкъыщевгъашэм, сымычэнджащэу сыкъэкӀуащ. Иджы сынывоупщӀ: сыт хуэдэ Ӏуэху сыкъыщӀевгъэшар? 30 – МахуиплӀ и пэкӀэ, мы сыхьэтым, шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым, си унэм Тхьэм сыщелъэӀуащ, – жиӀащ Корнелий. – НапӀэзыпӀэм, щыгъын хужь лыдхэр щыгъыу, лӀы гуэр си пащхьэм къихутэри, 31 жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ. 32 ПетркӀэ зэджэ Симоныр къашэну Иоппие къалэм лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ. Ар зи унэр хы Ӏуфэм Ӏут Симон фащӀэм и хьэщӀэщ. Ар къэкӀуэнурэ къопсэлъэнущ». 33 Асыхьэтуи ныпкӀэлъызгъэкӀуащ. УкъызэрыкӀуар фӀыуэ пщӀащ. Зиусхьэным къыпхуищӀа унафэм дедэӀуэну псори Тхьэм и пащхьэм дитщ иджы. Корнелий и унэм Петр хъыбарыфӀыр къызэрыщиӀуэтар 34 Петр мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ итӀанэ: – Тхьэр цӀыхум и фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыӀуащ. 35 Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀауи щрет, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъыр икӀи щыпкъагъэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ. 36 Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр. 37 Иуан зрагъэумэхъыну цӀыхухэм хъыбар яхуиӀуэта нэужь, Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ Иудей хэку псом къыщыхъуар фощӀэ. 38 Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ. 39 – А Хьисэ журтхэм я къэралми Ерусалими щилэжьа Ӏуэху псоми дэ дращыхьэтщ. Ар пкъом ираӀулӀри яукӀащ. 40 Тхьэм ар ещанэ махуэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжри, цӀыхухэм яригъэлъагъужащ. 41 Тхьэм ар цӀыху псоми яригъэлъэгъуакъым, Тхьэм ар зригъэлъэгъуар нэхъапэм къыхиха щыхьэтхэращ. Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, езым дефэу, дешхэу щытар дэрщ Тхьэм ар зригъэлъэгъуар. 42 Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ. 43 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми и гуэныхьхэр Хьисэ и цӀэкӀэ къызэрыхуэгъунумкӀэ бегъымбар псори Хьисэ щыхьэт тохъуэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къазэрыхуехар 44 Петр мы псалъэхэр здыжиӀэм, ахэр зэхэзыха псоми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехащ. 45 Петр и гъусэу къэкӀуэгъауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхуу сунэт ящӀахэм Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм къазэрыхуригъэхар ягъэщӀэгъуащ; 46 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а хамэхэр езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псалъэурэ, Тхьэм щӀыхь хуащӀу зэхахати, аращ. Арати, Петр жиӀащ: 47 – Дэ тхуэдэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ хъуа цӀыхухэр дыумэхъмэ, зымыдэн щыӀэ? 48 Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ахэр яумэхъыну унафэ ищӀащ абы и ужькӀэ. Ахэр Петр елъэӀуащ махуэ зыбжанэкӀэ я деж къэнэну. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden