Апостол. 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ И Псэ ЛъапӀэр къахуригъэхыну Тхьэм апостолхэр къызэригъэгугъар 1-2 Феофил лъапӀэ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижа махуэм нэсыху, Хьисэ илэжьа Ӏуэху псори икӀи цӀыхухэм яригъэщӀа Ӏуэху псори си япэ тхылъым итщ. Тхьэм уафэм дришеижын и пэкӀэ Хьисэ къыхиха апостолхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ унафэхэр яхуищӀащ. 3 Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт. 4 Ахэр зэхуишэсри, Хьисэ унафэ яхуищӀащ: – Ерусалим къалэм фыдэмыкӀ, ауэ зи гугъу фхуэсщӀауэ, Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъам фыпэплъэ, – жиӀэурэ. 5 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъыу щытащ, ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ. Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар 6 Щызэхуэсым, апостолхэр Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфӀэбгъэувэжынур? 7 – Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ. 8 – Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ. 9 А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ абыхэм ялъагъуу, Тхьэм уафэм дришеижащ. Пшэ къытехьэри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ. 10 Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ. 11 – Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ. Иудэ и пӀэкӀэ езыхэм ящыщ хъуну апостолхэм Матфий зэрыхахар 12 Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу. 13 Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ. 14 А псори зэгурыӀуауэ, Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт, цӀыхубз гуэрхэри, Хьисэ и анэ Мэриеми, Хьисэ и къуэшхэри я гъусэу. 15 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ: 16 – Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар. 17 Ари дэ тщыщу щытащ, мы Ӏуэхуми ди гъусэу ирилэжьащ. 18 ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ. 19 Ерусалим дэс цӀыху псоми Иудэ къыщыщӀар зэхахащ, а щӀыгум Акелдамэ фӀащащ я бзэкӀэ. Абы къикӀыр «Лъы уасэ щӀыгущ». 20 Петр къыщӀигъужащ итӀанэ: – Уэрэд лъапӀэхэм мыпхуэдэу итщ: «И унэр нэщӀ ирехъу. Зыри щӀремыс». Мыпхуэдэуи итщ: «Абы и Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым ирещти, абы и пӀэм ирыреувэ». 21-22 – Аращи, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ дэ ди гъусэ нэгъуэщӀ гуэр щыхьэт хъун хуейщ Иудэ и пӀэкӀэ. А щыхьэтыр Хьисэ къытхыхьэ-тхэкӀыжу щыщыта зэман псоми, Иуан Хьисэ щиумэхъа махуэм къыщыщӀэдзауэ ар Тхьэм уафэм щыдришеижам нэсыху, ди гъусэу щытахэм ящыщын хуейщ. 23 Апхуэдэу лӀитӀ ягъэуващ: ВарсавэкӀэ зэджэ икӀи Иуст зыхужаӀэ Исуфрэ Матфийрэ. 24-25 Тхьэм елъэӀуурэ жаӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, уэ цӀыху псоми я гум илъыр уощӀэ. Мы лӀитӀым ящыщу, апостолым и Ӏуэхур ищӀэну къыхэпхар дыгъэлъагъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а Ӏуэхур къигъанэри, Иудэ езым хуэфащэ щӀыпӀэм кӀуащ. 26 Пхъэидзэ ящӀри, Матфий и пхъэр къикӀащ. Апостол пщыкӀузым я гъусэу, Матфий апостол хъуащ апхуэдэу. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden