Апокалипсис 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ебланэ мыхъурымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэмрэ 1 Ебланэ мыхъурыр Щынэм щытричым, сыхьэт ныкъуэ хуэдизкӀэ уафэм щым щыхъуащ. 2 Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ. 3 НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм щхьэкӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэ иӀыгъыу къакӀуэри, къурмэнщӀыпӀэм и пащхьэм къиуващ. НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэрым мэ ӀэфӀ зыпих удз куэд а мелыӀычым къритащ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀуу тахътэм и пащхьэм щыт къурмэнщӀыпӀэм телъхэм яхигъэхъуэн щхьэкӀэ. 4 Мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм я Ӏугъуэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэм щӀыгъуу, мелыӀычым и Ӏэм къикӀри, Тхьэм деж дэкӀуеящ. 5 Абы и ужькӀэ мелыӀычым удз гъэсылъэр къищтэщ, къурмэнщӀыпӀэм и мафӀэм щыщ из ищӀри, щӀылъэм къридзыхащ. Уафэгъуагъуэ макъышхуэхэр къэӀуащ, уафэри къэхъуэпскӀащ, щӀылъэри къэхъеящ абы щыгъуэ. Бжьамиишхуэхэр 6 Бжьамиишхуиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым абыхэм епщэну загъэхьэзыращ итӀанэ. 7 Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ. 8 ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ. 9 Хым хэс псэущхьэхэм я Ӏыхьэ щанэр лӀащ, кхъухьхэм я Ӏыхьэ щанэри хым щӀилъэфащ. 10 Ещанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэ пхъэдзакӀэм хуэдэу, вагъуэшхуэ гуэр мафӀэ щӀэнауэ уафэм къехуэхри, псышхуэхэмрэ псынащхьэхэмрэ я Ӏыхьэ щанэм къыхэхуащ асыхьэту. 11 Вагъуэшхуэм и цӀэр Удз Дыджщ. Псыхэм я Ӏыхьэ щанэр дыдж хъуащ, а псы дыджым ефа цӀыху куэди лӀащ. 12 ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым. 13 Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden