Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхылъымрэ Щынэмрэ

1 Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ.

2 ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ мелыӀыч гуэри слъэгъуащ, макъышхуэкӀэ жиӀэу: «Мыхъурыр тезычыну, тхылъыр зэгуэзыхыну хэт зыхуэфащэр?»

3 А тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зылъэкӀ цӀыху зыри уафэми, щӀылъэми, щӀылъэм и щӀагъми щыӀакъым.

4 Тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зыхуэфащэ цӀыху къызэрамыгъуэтам щхьэкӀэ, куэдрэ сыгъащ.

5 Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым къызжиӀащ: «Умыгъ, моуэ къэдаӀуэ! Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщу аслъэнкӀэ зэджэу, Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэм текӀуэныгъэр къихьащ. Мыхъуриблыр тричын, тхылъри зэгуихын лъэкӀынущ абы».

6 Щынэ гуэр фӀагъэжам хуэдэу, тахътэм и гупсэм иту, псэущхьиплӀымрэ тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ а Щынэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ слъэгъуащ итӀанэ. Бжьакъуибл тетт абы, нибли иӀэт. Ниблыр Тхьэм дунейм дэнэкӀи игъэкӀуа псиблыр аращ.

7 А Щынэр кӀуэри, тахътэм тесым и Ӏэ ижьым ӀэщӀэлъ тхылъыр къыӀихащ.

8 Ар къыщыӀихым, псэущхьиплӀымрэ цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ хъу тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ Щынэм и пащхьэм зыщрадзыхащ. ШыкӀэ пшынэм хуэдэ пшынэ лӀэужьыгъуэ гуэр иӀыгът хэти икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ, мэ ӀэфӀ зыпих удзхэр зэрыт фалъэхэр яӀыгът. А удзхэм япих мэ ӀэфӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэр арщ.

9 УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.

10 Уэ уи гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, ди Тхьэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну уэ дыбгъэуващ; дунейми тепщэныгъэ щыдиӀэнущ».

11 ИтӀанэ сыщыплъэм, тахътэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм яхъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ мелыӀыч куэд дыдэхэм я макъыр зэхэсхащ; ахэр я бжыгъэкӀэ мин Ӏэджэ хъурт.

12 Абыхэм макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жаӀащ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэр, къулеигъэшхуэр, акъылыфӀагъэр, къаруушхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, фӀыщӀэшхуэр Щынэ фӀагъэжам хуэфащэщ».

13 Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».

14 ПсэущхьиплӀми «Ӏэмин» жаӀащ. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым зрадзыхри, сыт щыгъуи ЩыӀэнур ягъэлъэпӀащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan