Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


22-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,

2 а къалэм и уэрамым и кум ирожэ ар. А псышхуэм и бгъуитӀми гъащӀэ къэзыт жыг Ӏутщ, илъэсым пщыкӀутӀрэ, мазэ къэс зэ къыпыкӀэу. А жыгым и тхьэмпэхэм лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъуж.

3 А къалэм Тхьэм и ней зыщыхуа дэсынукъым. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэр а къалэм щыӀэнущ. Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм ар ягъэлъэпӀэнущ.

4 Тхьэм и нэгур ялъагъунущ абыхэм, и цӀэри я натӀэхэм тетхауэ щытынущ.

5 Жэщ хъужыныкъым. Уэздыгъэм и нэхуи, дыгъэм и нэхуи хуэныкъуэжынукъым ахэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм нэху яритынущ. Тепщэныгъэ яӀэнущ игъащӀэкӀэ.


Мэссихь куэд мыщӀэу къэкӀуэжынущ

6 МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ пэжщ. Бегъымбар лъапӀэхэм я Зиусхьэну Тхьэм, куэд мыщӀэу къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр езым хуэӀурыщӀэ цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ, и мелыӀычыр къигъэкӀуащ.

7 – КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм едаӀуэр гъуэгу махуэ теуващ.

8 Сэ сы-Иуанщ, мы Ӏуэхухэр зэхэзыхар икӀи зылъэгъуар сэращ. Мы Ӏуэхухэр зэхэсхыу, си нэгу щӀэкӀа нэужь, ахэр сэзыгъэлъагъуа мелыӀычыр згъэлъэпӀэну и лъакъуэхэм деж зыщездзыхащ.

9 Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.

10 – Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуам мыхъур ятумыдзэ, – къыпищащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пӀалъэр къэблэгъащ.

11 Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ илэжьыным хрет дяпэкӀи. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэр зылэжьыри щыпкъагъэр илэжьыным хрет. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу.

12 – КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Дэтхэнэми хуэфащэ Ӏыхьэр ныздызохь, дэтхэнэми илэжьам хуэфащэри естыжынущ.

13 Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри, ублапӀэри кӀэухри сэращ.

14 – ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.

15 Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.

16 – Сэ сы-Хьисэщ. Мы ӀуэхухэмкӀэ фи члисэ зэхуэсхэм щыхьэт къыфхуэхъуну си мелыӀычыр нэзгъэкӀуащ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀа бын лъапӀэр сэращ. Нэхущ вагъуэ нэхури сэращ.

17 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.

18 Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуар зэхэзых дэтхэнэри зыхуэсакъыжыну жызоӀэ. Мы тхылъым ит псалъэхэм цӀыху гуэрым зыгуэр хилъхьэмэ, мы тхылъым зи хъыбар ит гугъуехьышхуэхэр Тхьэм абы трилъхьэнущ.

19 Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэм цӀыху гуэрым зыгуэр хигъэщӀмэ, а цӀыхум и ӀыхьэфӀыр Тхьэм къыӀихынущ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъымкӀи, къалэ лъапӀэмкӀи, мы тхылъым зи хъыбар ит ӀуэхухэмкӀи Тхьэм а цӀыхум и Ӏыхьэр къыӀихынущи.

20 Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!

21 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan