Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ УафэщӀэри щӀылъэщӀэри

1 УафэщӀэрэ щӀылъэщӀэрэ слъэгъуащ итӀанэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей уафэри япэрей щӀылъэри щыӀэжкъым, хыри щыӀэжкъым.

2 Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.

3 Тахътэм къиӀукӀ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – Мис, Тхьэм и псэупӀэр цӀыхухэм я дежщ, езыри абыхэм яхэсынущ. Ахэри абы и цӀыху хъунущ. Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ икӀи я Тхьэу щытынущ.

4 Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.

5 Тахътэм тесым жиӀащ итӀанэ: – Мис, Ӏуэху псори щӀэуэ солэжь. – Мыхэр тхы, – къыпищащ итӀанэ, – мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи.

6 – Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.

7 ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ.

8 Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


ЕрусалимыщӀэр

9 Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ: – Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.

10 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.

11 А къалэшхуэ лъапӀэм Тхьэм и щӀыхьышхуэр иӀэт. Кристаллым хуэдэу къабзэт, яспис зи цӀэ мывэ лъапӀэ хужьым хуэдэу лыдырт ар.

12 Къалэм куэбжэ пщыкӀутӀ зыхэт блын лъагэшхуэ иӀэт. Куэбжэхэм мелыӀыч пщыкӀутӀ Ӏутт. Куэбжэхэм израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.

13 Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи куэбжищ, дыгъэ къухьэпӀэмкӀи куэбжищ, ипщэкӀи куэбжищ, ищхъэрэкӀи куэбжищ хэлът.

14 А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.

15 Сэ къызэпсэлъа мелыӀычым къалэр, къалэм и куэбжэхэр, и блыныр къипщын щхьэкӀэ, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ къызэрапщ баш иӀыгът.

16 Къалэм и кӀыхьагъри и бгъуагъри зэхуэдизт. МелыӀычым и пщалъэ башымкӀэ къалэр къипщащ. Къалэм и кӀыхьагъыр стадие мин пщыкӀутӀ хуэдиз хъурт. И бгъуагъри и лъагагъри и кӀыхьагъым хуэдизт.

17 МелыӀычым блыныр къипщащ. ЦӀыхухэм къызэрапщым хуэдэу, мелыӀычым къыщипщым, блыным и бгъуагъыр ӀэфракӀищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ хъурт.

18 Блыныр яспис зи цӀэ мывэ хужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат. Къалэр абджым и къабзагъэм хуэдэ къабзагъэ зиӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀат.

19 Къалэм и блын лъабжьэхэри мывэ лъапӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ ягъэщӀэрэщӀат. Япэрей лъабжьэр яспис зи цӀэ мывэ жужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат; етӀуанэрейр сапфир мывэ щхъуантӀэм къыхэщӀыкӀат; ещанэрейр халкидон мывэ къуэлэным къыхэщӀыкӀат; еплӀанэрейр смарагд мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат;

20 етхуанэрейр сардоникс мывэ къуэлэн лыдым къыхэщӀыкӀат; еханэрейр сардолик плъыжь-морафэм къыхэщӀыкӀат; ебланэрейр хризолиф мывэ гъуэжьым къыхэщӀыкӀат; еянэрейр вирил мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат; ебгъуанэрейр топаз мывэ гъуэжьыбзэм къыхэщӀыкӀат; епщӀанэрейр хрисопрас мывэ удзыфэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀузанэрейр гиацинт мывэ щхъуантӀэ-фыцӀафэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀутӀанэрейр аметист мывэ плъыжь-фӀыцӀафэм къыхэщӀыкӀат.

21 Куэбжэ пщыкӀутӀыр налкъутналмэс пщыкӀутӀт: дэтхэнэ куэбжэри зы налкъутналмэсым къыхэщӀыкӀат. Къалэм и уэрамыр дыщэ къабзэм къыхэщӀыкӀат, абджыпсым хуэдэу узэпхрыплъу.

22 Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ гуэри щыслъэгъуакъым а къалэ лъапӀэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыӀэм щхьэкӀэ, а къалэр Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ лъэпкъ хуэныкъуэкъым.

23 А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ.

24 Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ.

25 Абы и куэбжэхэр ягъэбыдэнукъым махуэм, жэщым жыпӀэнущи, абы жэщ щыхъунукъым.

26 Лъэпкъхэм я щӀыхьышхуэрэ я лъытэныгъэшхуэрэ а къалэм къыдахьэнущ.

27 Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan