Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Илъэс минхэр

1 МелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ уафэм къехыу. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и ӀункӀыбзи лэрыпсышхуэ гуэри иӀыгът абы.

2 Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым.

3 ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм щӀидзэщ, игъэбыдэжри, мыхъур тридзащ, илъэс миныр иухыху, лъэпкъхэр къимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. А илъэс миным и ужькӀэ зэман мащӀэкӀэ хуит ящӀыжын хуейщ.

4 Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.

5 А илъэс миныр дэкӀыху, лӀауэ къэна адрейхэр къэхъужакъым. Мыхэращ лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар.

6 ЛӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжхэр лъапӀэщ икӀи гъуэгу махуэ теуващ. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ абыхэм яригъэкӀыну лъэкӀыныгъэ иӀэкъым. Тхьэмрэ Мэссихьрэ хуэлажьэ дин пашэу щытынущ ахэр. Илъэс минкӀи тепщэныгъэ яӀэнущ Мэссихь и гъусэу.


ШейтӀаным зэрытекӀуэр

7 А илъэс миныр дэкӀа нэужь, шейтӀаныр лъэхъуэщым къыщӀагъэкӀыжынущ.

8 Ар кӀуэнурэ, щӀылъэм и лъэныкъуиплӀым щыӀэ лъэпкъыу Гогрэ Магогрэ зи цӀэхэр игъэпцӀэнущ. Зэуэн щхьэкӀэ, ахэр зэхуишэсынущ. Абыхэм я бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизынущ.

9 Апхуэдэу, щӀылъэм и гъунэр здынэсыр яубыдурэ кӀуэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я увыпӀэу Тхьэм фӀыуэ илъагъу къалэшхуэр къаувыхьащ. Ауэ уафэм мафӀэ къехри, ахэр исащ.

10 Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.


Тхьэм цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьыр

11 Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.

12 ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.

13 Хым итхьэла цӀыхухэр къитыжащ. ЛӀэныгъэми лӀахэм я дунейми цӀыху лӀауэ яӀэхэр къатыжащ икӀи тахътэм тесым дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэ хьэкум трищӀыхьащ.

14 МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ.

15 МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan