Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр

1 Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Зи Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл зыӀыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту къэзыкӀухьым мы псалъэхэр жеӀэ:

2 фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, куэду фызэрылэжьари, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэуари сощӀэ. ЦӀыху бзаджэхэр зэрывмышэчыфри сощӀэ. АпостолкӀэ зэджэж апостол нэпцӀхэр вгъэунэхуащ икӀи пцӀы зэраупсыр флъэгъуащ.

3 Гугъуехь куэд фшэчащ, теубыдагъэ фиӀэуи фопсэу, си цӀэм щхьэкӀэ куэду фылэжьащ икӀи фешакъым.

4 Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: нэхъапэм къысхувиӀа фӀылъагъуныгъэр зыхэвнэжащ.

5 Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.

6 Ауэ ӀуэхугъуэфӀ гуэр фэ вдызолъагъу: Николай и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупым ялэжь Ӏуэху бзаджэхэр уи жагъуэщ, сэ абыхэм я Ӏуэхухэр зэрызижагъуэм хуэдэу.

7 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.


Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр

8 Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ:

9 Гузэвэгъуэу фызыхэтымрэ фи тхьэмыщкӀагъэмрэ сощӀэ, апхуэдэу щытми фыбейщ. ЖурткӀэ зэджэж мыжуртхэр ӀейкӀэ къызэрыфтепсэлъыхьыр сощӀэ. Ахэр журткъым, атӀэ шейтӀаным и зэхуэсым щыщщ.

10 Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.

11 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ иригъэкӀынукъым текӀуэныгъэр къэзыхьым.


Пергам къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр

12 Пергам къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Зи дзитӀри жан джатэр зиӀэм мы псалъэхэр жеӀэ:

13 Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.

14 Ауэ Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрхэр вдызолъагъу: Билеам и гъуэгум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. Билеамщ Балак зыгъэӀущар, израил цӀыхухэм гуэныхь яригъэщӀэн щхьэкӀэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр Балак израил цӀыхухэм яригъэшхащ икӀи зинэ яригъэщӀащ.

15 Николай и гъуэгуу сэ слъагъу мыхъум тет цӀыхухэр къыфхэтщ.

16 Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. ФахущӀемыгъуэжмэ, фи деж мыгувэу сынэкӀуэнурэ, си жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ абыхэм сезэуэнущ.

17 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.


Фиатирэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр

18 Фиатирэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и Къуэу зи нэхэр мафӀэ бзийм хуэдэу, зи лъакъуэхэр гъуаплъэ плъам хуэдэу лыдым мы псалъэхэр жеӀэ:

19 Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, фи фӀылъагъуныгъэри, фи фӀэщхъуныгъэри, дэӀэпыкъуэгъу фызэрызэхуэхъужри, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэури сощӀэ. Япэм нэхърэ иджы фӀы нэхъыбэ зэрыфщӀэри сощӀэ.

20 Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: БегъымбаркӀэ зэджэж цӀыхубз Езавел фыпэувыркъым. Зинэ ящӀэнуи, хамэ лъэпкъ щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр яшхынуи сэ къысхуэлажьэ цӀыхухэр егъэӀущ икӀи дехьэх абы.

21 ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.

22 Абы щхьэкӀэ гугъуехь ишэчу пӀэм хэзгъэлъынущ. А цӀыхубзым зинэ дэзыщӀахэри ящӀам хущӀемыгъуэжмэ, гузэвэгъуэшхуэ хэзгъэхуэнущ.

23 Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.

24 Фэ фщыщу Фиатирэ къалэм къыдэна цӀыхуу, Езавел и гъуэгум темыту, шейтӀаным и щэхушхуэхэр зэзымыгъащӀэхэм нэгъуэщӀ хьэлъэ зэрыфтезмылъхьэнур нывжызоӀэ.

25 Сэ сыкъэкӀуэжыху, фӀэщхъуныгъэу фиӀэм фытемыкӀ.

26 ТекӀуэныгъэр къэзыхьу, и кӀэм нэсыху си Ӏуэхухэр зыгъэзащӀэхэр лъэпкъхэм тепщэныгъэ яхуиӀэ сщӀынущ, си Адэм тепщэныгъэ сиӀэ сызэрищӀам хуэдэу.

27 «Абы гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэу, зэхикъутэнущ».

28 Нэхущ вагъуэри естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым.

29 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan