Апокалипсис 17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьэщхьэвылъэм тес цӀыхубзыр 1 Фалъиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Моуэ къакӀуэ, псы куэдым я Ӏуфэм Ӏус псэжьышхуэм Тхьэм трилъхьэну тезырыр уэзгъэлъагъунущ. 2 Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ. 3 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым губгъуэ нэщӀым сишащ абы и ужькӀэ. Абы щыслъэгъуащ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фӀыцӀафэм тес цӀыхубз гуэр. А хьэщхьэвылъэм Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр тезу тетт, щхьибли пытт, бжьакъуипщӀи тетт. 4 ЦӀыхубзыр зэрыхуэпар щыгъын плъыжьыбзэрэ плъыжь фӀыцӀафэрэт. ДыщэкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи гъэщӀэрэщӀат ар. Дыщэм къыхэщӀыкӀауэ фалъи иӀыгът гущыкӀыгъуэмрэ и зинэм и фӀеймрэ ярызу. 5 И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ». 6 А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ. 7 МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ абы щыгъуэ: – Сыт щӀэбгъэщӀагъуэр? ЦӀыхубзымрэ щхьибл зыпыт икӀи бжьакъуипщӀ зытет хьэщхьэвылъэу цӀыхубзыр зытесымрэ къикӀыр ныбжесӀэнущ. 8 Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ. 9 – ЦӀыхухэм акъылыфӀагъэ ярыреӀэ. А щхьиблым къикӀыр цӀыхубзыр зытес бгиблыр арщ. 10 Абы нэмыщӀ, а щхьиблым къикӀыр пащтыхьиблыр арщ. А пащтыхьхэм ящыщу тхур къехуэхащ, зыр щыӀэщ, зыр иджыри къэкӀуакъым. Ар къэкӀуа нэужь, тепщэныгъэ куэдрэ иӀэнукъым. 11 Хьэщхьэвылъэу щыӀауэ иджы щымыӀэжым къикӀыр еянэ пащтыхьыр арщ. Ар пащтыхьиблым ящыщщ икӀи и кӀуэдыпӀэм мэкӀуэж. 12 – БжьакъуипщӀу плъэгъуам къикӀыр тепщэныгъэ зэкӀэ зымыгъуэта пащтыхьипщӀыращ. Ауэ абыхэм, хьэщхьэвылъэм и гъусэу, зы сыхьэт закъуэкӀэ пащтыхь тепщэныгъэ ягъуэтынущ. 13 Абыхэм я мурадыр зыщ, я лъэкӀыныгъэри я тепщэныгъэри хьэщхьэвылъэм иратынущ. 14 Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ. 15 МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Псэжьыр здэщыӀэ псы куэду плъэгъуам къикӀыр цӀыху гупышхуэхэри, къэралхэри, лъэпкъхэри, бзэхэри арщ. 16 УзыӀуплъа хьэщхьэвылъэмрэ бжьакъуипщӀымрэ псэжьыр жагъуэу ялъагъунущ. Абы иӀэ псори трахынурэ, пцӀанэу къагъэнэнущ. И пкъри яшхынущ, къэнари мафӀэкӀэ ягъэсынущ. 17 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и мурадыр ягъэзэщӀэну абыхэм я гум кърилъхьащ: Тхьэм и псалъэхэр къэхъуу пэжу къыщӀэкӀыху, я мурадыр зыуэ зэдащӀэу, я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну. 18 ЦӀыхубзу плъэгъуам къикӀыр къалэшхуэу дунейм и пащтыхьхэм тепщэныгъэ яхузиӀэр аращ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden