Апокалипсис 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъэхэр 1 Макъышхуэ гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэӀукӀыурэ мелыӀычиблым къажриӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФыкӀуи, Тхьэм и губжьу фалъиблым итыр щӀылъэм тефкӀэ». 2 Япэрей мелыӀычыр кӀуэри, и фалъэм итыр щӀылъэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр зи натӀэ тедза цӀыхуу, абы и сурэт зыгъэлъапӀэхэм шын гущыкӀыгъуэ зэрыт уӀэгъэхэр я фэм телъ хъуащ асыхьэтым. 3 ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым. 4 Ещанэ мелыӀычым и фалъэм итыр псышхуэхэмрэ псынэхэмрэ хикӀащ. Ахэри лъы хъуащ. 5 Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр, узахуэщ икӀи улъапӀэщ, апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ, 6 сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ». 7 КъурмэнщӀыпӀэм къиӀукӀыу макъ гуэрым жиӀэу сэ зэхэсхащ итӀанэ: «Аращ, уэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, цӀыхухэм хьэкум зэратепщӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ». 8 ЕплӀанэ мелыӀычым и фалъэм итыр дыгъэм трикӀащ. ЦӀыхухэр мафӀэкӀэ игъэсыну дыгъэр хуит хъуащ. 9 Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым. 10 Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт. 11 Гугъуехьу яшэчымрэ уӀэгъэу ятелъымрэ щхьэкӀэ, уафэм щыӀэ Тхьэм хуэхъущӀэрт, я щыуагъэхэми хущӀегъуэжатэкъым. 12 Еханэ мелыӀычым и фалъэм итыр Евфрат псышхуэм хикӀащ. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ пащтыхьхэм гъуэгу яритын щхьэкӀэ псышхуэр жэщӀащ итӀанэ. 13 Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ. 14 Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кӀуэурэ, ахэр зэхуашэс. 15 (Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ. 16 ЖуртыбзэкӀэ Армагеддон зи цӀэ щӀыпӀэм а жин бзаджэхэм пащтыхьхэр щызэхуашэсащ итӀанэ. 17 Ебланэ мелыӀычым и фалъэм итыр жьым хикӀащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀэт тахътэм макъышхуэ гуэр къиӀукӀри, жиӀащ итӀанэ: «Ӏуэхур уха хъуащ». 18 Уафэри хъуэпскӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри ину хъеящ. ЦӀыхухэр дунейм къыщытехьам къыщыщӀэдзауэ щӀыр апхуэдизу хъеякъым зэи. 19 Арати, къалэшхуэр Ӏыхьищу зэгуэкӀащ, хамэ лъэпкъхэм я къалэхэри зэхэкъутащ. Бабилэн къалэшхуэм и цӀыхухэр и гум иримыгъэкӀыжу, Тхьэм езым и фалъэм ит фадэм иригъэфащ – Тхьэм и губжьышхуэм и фадэ дыджыращ зригъэфар. 20 ХытӀыгу псори бзэхащ, бгыхэри ягъуэтыжакъым. 21 Уэшхуэхэр уафэм къехри, цӀыхухэм къателъэлъащ. Зы уэм путищ хуэдиз и хьэлагът. Уэхэм цӀыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчам щхьэкӀэ, цӀыхухэр Тхьэм хуэхъущӀэрт, а гугъуехьыр икъукӀэ гугъуехьышхуэти. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden