Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Иужьрей гугъуехьышхуэхэр мелыӀычхэм къызэрахьыр

1 Абы и ужькӀэ нэгъуэщӀ нэщэнэ ин икӀи гъэщӀэгъуэныщэ уафэм щыслъэгъуащ: МелыӀычиблым иужьрей гугъуехьышхуиблыр къахьырт. Тхьэм и губжьыр уха мэхъу абыхэмкӀэ.

2 ЗэхэткӀухьа мафӀэмрэ абджымрэ къыхэщӀыкӀауэ, хым и плъыфэ иӀэу зыгуэр слъэгъуащ итӀанэ. Хьэщхьэвылъэм, абы и сурэтым, абы и цӀэм и бжыгъэм ятекӀуэгъа цӀыхухэр абджым къыхэщӀыкӀа хым и Ӏуфэм Ӏутт. Тхьэм ярита шыкӀэ пшынэхэр яӀыгъыу,

3 Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.

4 Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».

5 Сыщыплъэм, Тхьэм и унэшхуэу щыхьэтыгъэм и шэтырыр Ӏухауэ уафэм щыслъэгъуащ итӀанэ.

6 Гугъуехьышхуиблыр къэзыхь мелыӀычиблыр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀащ. Щыгъын хужьыбзэ лыду ящыгът, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпххэри я бгым щӀэпхат.

7 ИгъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъиблу дыщэм къыхэщӀыкӀар псэущхьиплӀым я зым мелыӀычиблым яритащ.

8 Тхьэм и щӀыхьышхуэмрэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ я Ӏугъуэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэз хъуащ. МелыӀычиблым къахь гугъуехьышхуиблыр яухыху, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэн зыми лъэкӀакъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan