Апокалипсис 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ХьэщхьэвылъитӀыр 1 Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът. 2 Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ. 3 Хьэщхьэвылъэм и щхьэхэм ящыщ зым езыр зыгъэлӀэн уӀэгъэм хуэдэ телът, ауэ а уӀэгъэр хъужыгъащ. ЩӀылъэм тет цӀыху псоми а хьэщхьэвылъэр ягъэщӀагъуэу, кӀэлъыкӀуэрт. ЦӀыхухэм благъуэжьыр ягъэлъэпӀащ абы хьэщхьэвылъэм тепщэныгъэ зэрыритам щхьэкӀэ. 4 Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?» 5 Хьэщхьэвылъэм псалъэ пагэхэр жиӀэну, Тхьэм хущӀэджэу, мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ тепщэныгъэ иӀэну хуит хъуащ. 6 Тхьэми, Тхьэм и цӀэми, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэми, уафэм щыӀэ псоми хущӀэбжэну и жьэр иутӀыпщащ. 7 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ. 8 Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ. 9 ТхьэкӀумэ зиӀэм зэхрех. 10 ЦӀыхухэр лъэхъуэщым щӀэзыдзэр езыр лъэхъуэщым щӀадзэнущ. ДжатэкӀэ зыукӀыр Езыр джатэкӀэ яукӀыжынущ. Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм теубыдагъэрэ щыпкъагъэрэ ярыреӀэ. 11 НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт. 12 Мы етӀуанэ хьэщхьэвылъэм япэрей хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэ псори иӀэу, абы и пащхьэм Ӏуэху щищӀащ икӀи щӀылъэми щӀылъэм тет цӀыху псоми япэрей хьэщхьэвылъэу зи уӀэгъэр хъужар яригъэгъэлъэпӀащ. 13 ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуащ. ЦӀыхухэм я пащхьэм уафэм къикӀыу мафӀэ щӀылъэм къыщригъэхащ. 14 Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну. 15 Япэрей хьэщхьэвылъэм и сурэтым псэ хилъхьэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит хъуащ. Апхуэдэу а сурэтыр къэпсэлъащ икӀи ар зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр яукӀыну а сурэтым унафэ ищӀащ. 16 ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм цӀыху псоми – цӀыкӀуми инми – бейми тхьэмыщкӀэми, щхьэхуитми пщылӀми – я Ӏэ ижьхэм е я натӀэхэм дамыгъэ ятрыригъэдзащ. 17 А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икӀи къищэхуну хуиту щытакъым. А дамыгъэм хьэщхьэвылъэм и цӀэр е и цӀэм и бжыгъэр тетт. 18 ЦӀыхухэм акъылыфӀагъэ ярыреӀэ. ЗэхэщӀыкӀ зиӀэм хьэщхьэвылъэм и бжыгъэр иребж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и бжыгъэр аращ. А бжыгъэр щихрэ хыщӀрэ хырэ мэхъу. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden