Апокалипсис 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЦӀыхубзымрэ благъуэжьымрэ 1 Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: ЦӀыхубз гуэр, дыгъэр фащэу щыгъыу, и лъакъуэхэр мазэм тету, и щхьэрыгъ тажым вагъуэ пщыкӀутӀыр тету, къэхутащ. 2 ЦӀыхубзыр лъэщыджэт икӀи лъхугъэр къытелъэдауэ гугъуехьышхуэ ишэчти, кӀийрт. 3 НэгъуэщӀ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: Благъуэжь абрагъуэ плъыжьу, щхьибл фӀэту, бжьакъуипщӀ тету къэлъэгъуащ. Дэтхэнэ зы щхьэми зы таж щхьэрыгът. 4 Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ. 5 ЩӀалэ цӀыкӀу къилъхуащ. Абы щӀылъэм тет лъэпкъ псори гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ. А сабийр Тхьэмрэ Тхьэм и тахътэмрэ я деж драхьеящ. 6 ЦӀыхубзыр щӀэпхъуэжри, Тхьэм абы губгъуэ нэщӀым щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм щызэгъащ. Махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхэнущ ар абдежым. 7 Уафэм зауэ къыщыхъеящ. Михаилрэ абы и мелыӀычхэмрэ благъуэжьым езэуащ, благъуэжьри абы и мелыӀычхэри абыхэм къапэуващ. 8 Благъуэжьыр Михаил къыпэлъэщакъым, благъуэжьымрэ абы и мелыӀычхэмрэ уафэм щӀыпӀэ къащыхуэнэжакъым. 9 Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ. 10 Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ. 11 Щынэм лъыуэ щӀэкӀамкӀи, Тхьэм и псалъэхэм щыхьэт зэрахуэхъуамкӀи ди къушхэр шейтӀаным текӀуащ. ЛӀэныгъэм и гъунэгъу хъуами, езыхэм я псэхэм щысхьакъым. 12 Аращи, фэ, уафэхэри, фэ, уафэхэм щыпсэухэри, фыгуфӀэ! Ауэ фэ, щӀыри хыри, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иблисыр къыфхуехащ. Зэману езым къыхуэнэжыр зэрымащӀэр ещӀэри, и гум губжьышхуэ илъщ». 13 Благъуэжьыр, щӀылъэм къызэрырадзыхар щилъагъум, щӀалэ цӀыкӀур къызыхуэхъуа цӀыхубзым и ужь ихьащ. 14 МелыӀыч гуэрым бгъэ иным и дамитӀыр цӀыхубзым къритащ, блэжьым и пащхьэм икӀыу, Тхьэм губгъуэ нэщӀым абы щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм лъэтэн щхьэкӀэ. Абдежым илъэсищрэ ныкъуэкӀэ щагъэшхэнущ. 15 ЦӀыхубзыр псым иригъэхьын щхьэкӀэ, псыдзэм хуэдэу, блэжьым и жьэм псыр къыжьэдиутхыкӀащ. 16 Ауэ щӀыр цӀыхубзым дэӀэпыкъущ, и жьэр зэӀуихри, благъуэжьым и жьэм къыжьэдиутхыкӀа псышхуэр ирифащ. 17 ЦӀыхубзым ину хуэгубжьри, цӀыхубзым къытехъукӀа нэгъуэщӀ и бынхэм – Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэмрэ Хьисэ Мэссихь щыхьэт хуэхъухэмрэ – езэуэну кӀуащ благъуэжьыр итӀанэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden