Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ МелыӀычымрэ тхылъ цӀыкӀу зэӀухамрэ

1 ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ, нэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ итӀанэ; уафапшэр фащэу щыгът, лэгъупыкъури щхьэщытт, и нэкӀури дыгъэм хуэдэт, и лъакъуэхэри мафӀэ пкъохэм хуэдэт.

2 Тхылъ цӀыкӀу гуэр зэӀухауэ иӀыгът. Лъакъуэ ижьыр хым хигъэувэрт, лъакъуэ сэмэгур щӀым тригъэувэрт.

3 Аслъэнхэр зэрыгъуахъуэм хуэдэу, макъышхуэкӀэ къэгуоуащ. Ар къыщыгуом, уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуащ.

4 Уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуа нэужь, жаӀар стхыну сыхуеящ, ауэ уафэм къикӀыу макъ гуэрым жиӀэу зэхэсхащ: – Уафэгъуагъуиблым жаӀар умытхыу, ущэху.

5 Зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэувауэ слъэгъуа мелыӀычым и Ӏэ ижьыр уафэм дриӀэтеящ.

6 Тхьэуэ сыт щыгъуи щыӀэ, уафэхэмрэ уафэхэм щыӀэ псомрэ, щӀымрэ щӀым тет псомрэ, хымрэ хым хэс псомрэ къэзыгъэщӀам и цӀэкӀэ а мелыӀычым тхьэрыӀуэ ищӀри, мыпхуэдэу жиӀащ: – Зэман куэд къэнэжакъым.

7 Ауэ ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм къыщепщэну махуэхэм Тхьэм, езым хуэлажьэ бегъымбархэм къазэрыжригъэӀам хуэдэу, и мурад щэхур игъэзэщӀэнущ.

8 Уафэм къиӀукӀыу зэхэсха макъым, аргуэру къэпсалъэурэ, къызжиӀащ: КӀуэи, зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэува мелыӀычым иӀыгъ тхылъ цӀыкӀу зэӀухар къеӀых.

9 Арати, мелыӀычым деж сыкӀуэри жесӀащ: – А тхылъ цӀыкӀур къызэт. – Мэ, узот, шхы, – къызжиӀащ абы. – Уи лъатэкӀэ дыджынущ, ауэ уи жьэмкӀэ фом хуэдэу ӀэфӀ хъунущ.

10 Тхылъ цӀыкӀур мелыӀычым къеӀысхри сшхащ. Си жьэмкӀэ фом хуэдэу ӀэфӀу щытащ, ауэ сшха нэужь, си лъатэм дыдж къыщыхъуащ.

11 Мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Къэрал Ӏэджэми, лъэпкъ Ӏэджэми, бзэ Ӏэджэми, пащтыхь Ӏэджэми ятеухуауэ Тхьэм уи гум кърилъхьа хъыбару къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэр цӀыхухэм яхуэпӀуэтэн хуейщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan