Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апокалипсис 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Пэублэ псалъэмрэ фӀэхъусымрэ

1 Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.

2 Иуан илъэгъуа псори иӀуэтэжурэ, щыхьэт ятохъуэ Тхьэм и псалъэхэми Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэми.

3 Къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикӀа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащӀэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Ӏуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи.

4 Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.

5 Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.

6 Абы и гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, Тхьэуэ езым и Адэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну дигъэуващ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зейр аращ! Ӏэмин.

7 ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.

8 ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».


Хьисэ Мэссихь Иуан зыкъызэрыригъэлъэгъуар

9 Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.

10 Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.

11 Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».

12 Къызэпсалъэ макъыр зи макъыр зэзгъэлъагъуну зыхуезгъэзэкӀащ. ЗыщыхуезгъэзэкӀым, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ уэздыгъэ тегъэувапӀибл слъэгъуащ

13 икӀи уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ещхьу зыгуэр слъэгъуащ. И лъапэм нэсу джанэ кӀыхь щыгът абы, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпхи щӀэпхат.

14 И щхьэцыр цы хужьым е уэсым хуэдэу хужьыбзэт. И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт.

15 И лъакъуэхэри хьэкум щагъэплъа гъуаплъэм хуэдэу лыдырт, и макъри псыдзэ куэдым я макъышхуэм хуэдэт.

16 И Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл иӀыгът, зи дзитӀри жан джатэри и жьэм къыжьэдэкӀырт. И нэкӀури дыгъэ жьэражьэм хуэдэт.

17 Ар щыслъагъум, лӀам хуэдэу, и пащхьэм сиджэлащ. И Ӏэ ижьыр къыстрилъхьэри къызжиӀащ абы итӀанэ: «Умышынэ, япэрейри иужьрейри сэращ.

18 ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.

19 Аращи, Ӏуэхугъуэу плъэгъуахэри, иджыпсту щыӀэхэри, къэхъунухэри тхы.

20 Си Ӏэ ижьымкӀэ сӀыгъа вагъуиблымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблымрэ къикӀыр мыращ: Вагъуиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблым я мелыӀычхэр арщ. Уэздыгъэ тегъэувапӀиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблыр аращ».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan