Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол Петр и ещанэ тхылъ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


ФӀэхъус

1 Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уэ, Гай лъапӀэм, мы тхылъыр ныпхузотх.

2 Си тӀасэ, уи псэуныгъэ фӀыуэ, утхъэжу упсэуну Тхьэм солъэӀу, уигурэ уи псэрэ зэрыпсэхум хуэдэу.

3 Къуэш гуэрхэр къакӀуэу, уи щыпкъагъэм тепсэлъыхьу, щыпкъагъэм утету узэрыпсэум щыхьэт зэрытехъуам куэду сригуфӀащ.

4 Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкӀэ, абы нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ сиӀэкъым.

5 Си тӀасэ, къуэшхэми хамэхэми фӀыуэ яхуэблэжымкӀэ щыпкъагъэ уи гум илъу уощӀ.

6 Ахэр члисэ зэхуэсым и пащхьэм уи фӀылъагъуныгъэм щыхьэт щытехъуащ. Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу, я гъуэгумкӀэ абыхэм дэӀэпыкъуэгъу уахуэхъумэ, фӀы пщӀауэ арщ.

7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къуэшхэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм дэӀэпыкъуныгъэ щымыгугъыу, Мэссихь и цӀэм щхьэкӀэ гъуэгум техьащ.

8 Аращи, апхуэдэ цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ, пэжыгъэм хуащӀэ ӀуэхумкӀэ гъусэ дахуэхъун щхьэкӀэ.


Диотрефрэ Димитрийрэ

9 Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым.

10 Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.

11 Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым.

12 ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.


Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр

13 Ныпхуэстхыныр куэд мэхъу, ауэ къалэмрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым.

14 ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.

15 Уигу ирезагъэ. МыбыкӀэ щыӀэ ныбжьэгъухэм фӀэхъус къыуахыж. АбыкӀэ щыӀэ ныбжьэгъухэм зырызу фӀэхъус схуехыжи, я Ӏэхэри схуэубыдыж. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan