2 Петр 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Зиусхьэным дунейм къигъэзэжыну дыкъигъэгугъащ 1 Мыр етӀуанэ тхылъу ныфхузотх, фӀыуэ слъагъухэ. А тхылъитӀымкӀи мы Ӏуэхугъуэхэр фигу къэзгъэкӀыжурэ щыпкъагъэр къывгурызгъэӀуэну сыхэтщ. 2 Бегъымбар лъапӀэхэм къыжаӀа псалъэхэри ди Зиусхьэну КъегъэлакӀуэм фи апостолхэм къажригъэӀа унафэри фигу къэвгъэкӀыжыну сыхуейщ. 3 Псом япэрауэ мыр фщӀэн хуейщ: Мы дунейм и иужьрей махуэхэм укӀытэ зимыӀэ щӀэнэкӀакӀуэхэр къэхутэнущ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм зэрашэу, 4 мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Хьисэ къигъэзэжыну дыкъигъэгугъащ. АтӀэ дэнэ щыӀэ? Ди адэжьхэр дунейм ехыжащ, ауэ Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ псори зэрыщытам тетщ». 5 Апхуэдэу егупсысхэм Тхьэм и псалъэкӀэ уафэхэмрэ щӀылъэмрэ псым къыхищӀыкӀыу, псыкӀэ куэд щӀауэ къызэригъэщӀар ящӀэркъым. 6 Псыр Тхьэм пасэрей дунейм къыщӀигъауэри, игъэкӀуэдыгъащ. 7 Апхуэдэу иджырей уафэхэмрэ щӀылъэмрэ а псалъэ дыдэмкӀэ Тхьэм мафӀэр хухихащ. Тхьэм цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынурэ, езым и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр щыкӀуэдыну къемэтмахуэм нэсыху ахэр къигъэнэнущ. 8 Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ. 9 ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар. 10 Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэм хуэдэу къэсынущ. А махуэм макъышхуэ ящӀу уафэхэр кӀуэдыжынущ, мы дунейр къызыхэщӀыкӀа псори мафӀэм исынурэ кӀуэдыжынущ. ЩӀылъэри абы тет псори мафӀэм исыжынущ. 11-12 Псори апхуэдэу зэрыкӀуэдыжынум щхьэкӀэ, Тхьэм и махуэм фыпэплъэу, а махуэр нэхъ псынщӀэу къызэрысыным и ужь фиту, фигу къабзэу Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фыпсэун хуейщ. А махуэр къыщыскӀэ, уафэхэр мафӀэкӀэ кӀуэдыжынущ. Дунейр къызыхэщӀыкӀахэр мафӀэ гуащӀэм игъэткӀунущ. 13 Ауэ Тхьэм дыкъызэригъэгугъам тету, щыпкъагъэ здэщыӀэ уафэщӀэхэри щӀылъэщӀэри къызэрыунэхужынум дыпоплъэ. 14 Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит. 15 ФымыкӀуэду фыкъригъэлыну Ӏэмал къывитын щхьэкӀэщ Зиусхьэным шыӀэныгъэ щӀиӀэр, ар зыгурывгъаӀуэ, дэ фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Паул Тхьэм кърита акъылкӀэ къызэрыфхуитхам хуэдэу. 16 Мы Ӏуэхугъуэхэм ар щытопсэлъыхь и тхылъ псоми. ГурыӀуэгъуейхэм фыщрихьэлӀэнущ а тхылъхэм. Теубыдагъэ зимыӀэ цӀыху акъылыншэхэм Паул и тхылъхэр зэӀагъэхьэ, адрей тхылъ лъапӀэхэр зэрызэӀагъэхьэм хуэдэу. Апхуэдэу зэращӀымкӀэ хоукъуэ, лей зрахыж. 17 Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, мыр фызэрагъэӀущащи, Тхьэм и унафэхэм текӀ цӀыхухэм я гъуэгу пхэнжхэм фызэрытемыхьэнми щыпкъагъэу фызытетым фызэрытемыкӀыжынми фыхуэсакъ. 18 Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden