Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Петр 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Бегъымбар нэпцӀхэмрэ дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэмрэ
( Иудэ 4-13 )

1 Тхьэм и лъэпкъым бегъымбар нэпцӀхэри яхэтащ. Апхуэдэу, дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр фэри къыфхэтынущ. ЦӀыхухэм гу лъамытэу, ахэр зыгъэунэхъун Ӏуэхугъуэхэр ирагъэщӀэнущ. Зиусхьэну я щхьэхэр къэзыщэхужари ядэнукъым. Апхуэдэу щыхъукӀэ, езыхэм епӀэщӀэкӀыу загъэунэхъуж.

2 Абыхэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм и гъуэгум цӀыху куэд техьэнущ, щыпкъагъэм и гъуэгуми цӀыху куэд хуагъэхъущӀэнущ.

3 Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.

4 Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.

5 Ижь зэманми Тхьэр дунейм къыщысхьауэ щытакъым, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм я дунейм псыдзэшхуэр къыщыщӀигъауэм. Нухь бегъымбарым щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иӀуатэу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыхуибл и гъусэу Тхьэм ар мыкӀуэду къригъэлащ.

6 Содом, Ӏаморэ къалэхэр кӀуэдыну Тхьэм игъэкъуаншэри, сахуэ фӀэкӀ къэмынэу мафӀэкӀэ игъэсащ. Абыхэм къащыщӀамкӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм къащыщӀынур апхуэдэу къигъэлъэгъуащ.

7 Щыпкъагъэ зигу илъ ЛутӀу Тхьэм и унафэхэм текӀа цӀыхухэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм къыхэкӀкӀэ ешар абыхэм ядэмыкӀуэду Тхьэм къригъэлащ,

8 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы лӀы щыпкъэм цӀыхухэм хабзэ зыхэмылъ Ӏуэхугъуэу ящӀэу щытар щилъагъукӀэ икӀи щызэхихкӀэ и гу щыпкъэм махуэ къэси къеуэрти.

9 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,

10 псом хуэмыдэу цӀыхуу зи гуэныхьыщӀэ хьэл-щэныжьым и хъуэпсэныгъэ фӀейхэм зэрашэу, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэзымыпэсхэр. Уафэм тепщэныгъэ щызиӀэхэми пхъашэу, ерыщу хуэшхыдэным щышынэркъым ахэр.

11 МелыӀычхэм а цӀыхухэм нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъи нэхъ тепщэныгъи яӀэ пэтми, Тхьэм и пащхьэм абыхэм щахуэшхыдэркъым икӀи щагъэкъуаншэркъым.

12 Мы цӀыхухэр зыхуэдэр акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэу я хьэл Ӏейуэ къыдалъхуам кърихуэкӀхэращ. А цӀыхухэр яубыдын икӀи ягъэкӀуэдын щхьэкӀэ, къалъхуащ. Зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхухэм яхуошхыдэ. НэгъуэщӀ цӀыхухэр зэрагъэунэхъумкӀэ езыхэм загъэунэхъуж.

13 Взаджагъэу ящӀам хуэфащэр ягъуэтыжынущ. Махуэ къэси ахъшэ куэд зытрагъэкӀуадэу, загъэтхъэжыну псэуну яфӀэфӀщ. КъыщывдэшхэкӀэ, щӀыкӀейуэ икӀи напэтехыу щытхэурэ, фыкъызэрагъапцӀэмкӀэ загъэтхъэж.

14 Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.

15 Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.

16 Ауэ бзаджагъэу ищӀам щхьэкӀэ, шыд гуэр къегиящ. Шыду бзэ зимыӀар цӀыху макъкӀэ къэпсалъэри, бегъымбарым и делагъэм пэуващ.

17 А цӀыхухэр псынэ гъужам икӀи жьышхуэм зэрихуэ пшэхэм яхуэдэщ. МыкӀуэдыжын кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ.

18 Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.

19 Щхьэхуитыныгъэу жыхуаӀэмкӀэ ягъэгугъэ, ауэ езыхэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀщ, сыт хуэдэу щытми, тепщэныгъэ къыпхузиӀэм и пщылӀ ухъуащи.

20 А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.

21 Щыпкъагъэм и гъуэгур ящӀэу щытауэ, итӀанэ текӀыжу я щӀыб унафэ лъапӀэу апостолхэм къыхуагъэнам хуагъэзэным нэхърэ, Мэссихь и хъыбарыфӀым и гъуэгур ямыщӀатэмэ, езыхэмкӀэ нэхъыфӀт.

22 Псалъэжь пэжым тету абыхэм къащыщӀащ: «Хьэр и къэжьахуэм деж мэкӀуэж» икӀи «ягъэкъэбзэжа кхъуэр фӀейм зыхигъэукӀуриену егъэзэж».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan