2 Петр 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀэхъус 1 Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр. 2 Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фӀыуэ зэрыфщӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуи гузэгъэгъуэшхуэ къыфлърес зэпыт. Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджари фыкъызэрыхихари вгъэпэж 3 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ. 4 Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ. 5 Аращи, фи фӀэщхъуныгъэр фӀыгъуэкӀэ къызэрывгъэбагъуэным и ужь фит; фӀыгъуэр щӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; 6 щӀэныгъэр зышыӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зышыӀэныгъэр теубыдагъэкӀэ вгъэбагъуэ; теубыдагъэр Тхьэм и шынагъуэкӀэ вгъэбагъуэ; 7 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ. 8 А псори фхэлъмэ икӀи ахэр вгъэбагъуэмэ, зыгуэр къывэмыуалӀэу, фӀы гуэри къыфдэмыкӀуэу къэнэнкъым, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь нэхъ благъэ фыхуэхъунущ. 9 Ауэ а Ӏуэхухэр зымылэжь цӀыхур нэфщ, и напӀэ зэтепӀащ. А цӀыхум и гуэныхьхэр и гум Тхьэм зэрыригъэкъэбзыкӀыжар щыгъупщэжащ. 10 Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым, 11 апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ. 12 Аращи, а Ӏуэхухэр влэжьу икӀи щыпкъагъэу фиӀэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкӀыжынущ. 13 Си пкъым и шэтырым сыщӀэтыху, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжурэ фыкъэзгъэушыныр фӀыуэ солъытэ. 14 Куэд дэмыкӀыу си псэр си пкъым зэрыхэкӀыжынур сощӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къызэрызгуригъэӀуам хуэдэу. 15 Мы дунейм сехыжа нэужьи, мы Ӏуэхухэр сыт щыгъуи фи гум къызэрывгъэкӀыжыфынум иджы сыхэтынущ. Апостолхэм къыжаӀа хъыбарыр пэжщ 16 Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ. 17 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр», жиӀэу, щӀыхьышхуэ зиӀэу Тхьэуэ Лъагэм и макъыр Хьисэ щызэхригъэхым, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм лъытэныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ абы хуигъэфэщащ. 18 Уафэм къиӀукӀа а макъыр ди тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэтхащ, абы дригъусэу Ӏуащхьэ лъапӀэм дытетащи. 19 Абы нэмыщӀу, бегъымбархэм къыжаӀауэ, иджыри нэхъ дзыхь зыхуэпщӀ хъунухэр щыӀэщ. Нэху щыуэ, нэхущ вагъуэр фи гум къыщыкъуэкӀыху, абыхэм къыжаӀа псалъэу щӀыпӀэ кӀыфӀ гуэрым къыщынэху уэздыгъэм ещхьхэм фахуэсакъыурэ федаӀуэмэ, фӀы фощӀэ. 20 Псом япэу мыр фщӀэн хуейщ: Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту бегъымбархэм къыжаӀахэр езыр-езыру зэхихун зыми лъэкӀынукъым. 21 Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden