Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм фӀыуэ илъагъур игуапэу тэрщ

1 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуедгъэхь дэӀэпыкъуэныгъэм теухуауэ нэзмытхми, хъунут,

2 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщу фызэрегугъур сощӀэ. Фэ, Ахаие хэкум исхэр, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуну нэгъабэ лъандэрэ фызэрыхьэзырыр Македоние хэкум щыщхэм яжесӀэри, сыфщытхъуащ. Фэ фызэрегугъум къыхэкӀкӀэ абыхэм я нэхъыбэри дэӀэпыкъуэгъу хъуну тегушхуащ.

3 Ауэ мы ӀуэхумкӀэ сызэрыфщытхъуар пщӀэншэ мыхъун, зэрыжысӀам хуэдэуи абы фыхуэхьэзырын щхьэкӀэ, къуэшхэр фи деж нызогъакӀуэ.

4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македоние хэкум щыщхэр си гъусэу накӀуэу, фыхуэмыхьэзыру къыщӀэкӀмэ, дызэрыфщыгугъам щхьэкӀэ дыукӀытэжынущ – фэ фызэрукӀытэжынур къыжытӀэнури хьэкъщ.

5 Аращи, къуэшхэр сэ сяпэ фи деж накӀуэу, дыкъызэрывгъэгугъа тыгъэр и пӀалъэм къызэрывгъэхьэзырыным кӀэлъыплъыну селъэӀун хуейуэ къэслъытащ. Хэгъэзыхь тыгъэу щымыту, фи гум къыбгъэдэкӀ тыгъэ хъунщ ар итӀанэ.

6 Сэ жыхуэсӀэр мыращ: МащӀэ тезысэм мащӀэщ къихыжынур. Куэд тезысэм куэд къихыжынущ.

7 Хэти и гум пыкӀым хуэдизкӀэ иретэ, и гум къыщӀимытхъыу, зыми химыгъэзыхьауэ иретэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и гуапэу тэрщ Тхьэм фӀыуэ илъагъур.

8 Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.

9 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд яхуигуэшащ тхьэмыщкӀэхэм. И щыпкъагъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнущ».

10 Жыласэм жылэ езыту, ишхын щӀакхъуи езыт Тхьэм фэри жылэ къывитынурэ фхуигъэбэгъуэнущ. Фи щыпкъагъэм фӀыуэ къыпэкӀуэри игъэбэгъуэнущ.

11 Фи мылъкум хэфтыкӀым дапщэщи фемыблэжын щхьэкӀэ Тхьэм сыт и лъэныкъуэкӀи бей фищӀынущ. Фи мылъкум хэфтыкӀынӀауэ фызэрыщымысхьым щхьэкӀэ, а тыгъэр къуэшхэм щаӀэщӀэдгъэхьэкӀэ, цӀыху куэдым Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀынущ.

12 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъум и мызакъуэу, цӀыху куэдми Тхьэм фӀыщӀэшхуэ ину яхувогъэщӀ.

13 Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ.

14 Тхьэм и нэфӀ ину къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ гухуабагъэ къыфхуаӀэу Тхьэм фхуелъэӀунущ ахэр.

15 Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иным щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan