Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЩыщӀагъэ зиӀэ къуэшхэм ахъшэ хузэхуэхьэсыныр

1 Иджы, си къуэшхэ, Македоние хэкум щыщ члисэ зэхуэсхэм Тхьэм и нэфӀ къазэрыщыхуар фэдгъэщӀэну дыхуейщ.

2 Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ.

3 ЯлъэкӀынум хуэдиз, уеблэмэ нэхъыбэ, езыхэр арэзыуэ зэратамкӀэ сращыхьэтщ.

4 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ди гъусэу ядэӀэпыкъункӀэ хуит тщӀыну я фӀэщу къыдэлъэӀуащ.

5 Дазэрыщыгугъа къудейкъым къатар, атӀэ япэщӀыкӀэ Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зралъхьэри, итӀанэ Тхьэр зэрыхуейм тету ди ӀэмыщӀэ зыкъралъхьэжащ.

6 Аращи, Тит ахъшэ зэхуэфхьэсын Ӏуэхур иублэгъащи, мы ӀуэхуфӀыр и кӀэм нигъэсыну делъэӀуащ.

7 ФӀэщхъуныгъэмкӀи, псэлъэнымкӀи, щӀэныгъэмкӀи, егугъуныгъэшхуэ псомкӀи, фӀылъагъуныгъэу къытхувиӀэмкӀи – а псоми фызэрыхуэкъулейм хуэдэу, ахъшэ зэхуэхьэсынымкӀи, фи мылъкум фыщымысхьу, а ӀуэхуфӀыр ипэкӀэ вгъэкӀуатэ.

8 Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.

9 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.

10 Ахъшэ зэхуэхьэсын Ӏуэхум сызэреплъыр нывжызоӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы и фӀагъ къывэкӀынущ. Нэгъабэ къыщыщӀэдзауэ мы Ӏуэхур зэревгъэжьам и мызакъуэу, мы Ӏуэхур ищӀэну япэ дыдэ зи гум къэкӀар фэращ.

11 Иджы мы Ӏуэхури фыух, фщӀэну фи фӀэщу фызыщӀэкъуар, фи мылъкум теухуауэ гъэзэщӀа хъун щхьэкӀэ.

12 ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.

13 НэгъуэщӀ цӀыхухэм псынщӀагъуэ яхуэхъуу, фэ гузэвэгъуэм фыхэхуэн хуейуэ аракъым жыхуэсӀэр, атӀэ фэ тӀури фызэхуэдэу фызэдэӀэпыкъун хуейщ.

14 Иджырей зэманым фэ къывдэхуэ мылъкум щыщу ахэр зыхуэныкъуэр ефтын хуейщ. ИтӀанэ фэ хуэныкъуэ фыхъумэ, абыхэм къадэхуэ мылъкум щыщу фэ фызыхуэныкъуэр къыватынущ. Фэ тӀури фызэхуэдэнущ абыкӀэ,

15 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд зэхуэзыхьэсам къыдэхуакъым, мащӀэ зэхуэзыхьэсари хуэныкъуакъым».


Титрэ абы и гъусэхэмрэ

16 Тит апхуэдизу къыфхуэгумащӀэ зыщӀа Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.

17 Тит дызэрелъэӀуамкӀэ арэзы хъуа къудейкъым, атӀэ езым и гуапэ дыдэу фи деж нокӀуэ.

18 ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэралъигъэӀэсымкӀэ члисэ зэхуэс псори зыщытхъу къуэшыр абы и гъусэу ныдогъакӀуэ.

19 Абы нэмыщӀу, Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀын икӀи дызэрыфтегузэвыхьыр зэхывэдгъэщӀыкӀын щхьэкӀэ, фӀы къыздэкӀуэ мы Ӏуэхур длэжь щыхъум, члисэ зэхуэсхэм а къуэшыр къыхахащ ныддэкӀуэну.

20 Мы тыгъэшхуэр зэрызетхьэ щӀыкӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм дызэрамыгъэкъуэншэным дыщӀэкъун хуейщ.

21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным дежкӀи цӀыхухэм дежкӀи фӀыгъуэ длэжьыным дыхущӀокъу.

22 Абы нэмыщӀу, ди къуэшу зи егугъуныгъэшхуэр куэдрэ икӀи лъэныкъуэ ӀэджэкӀи зыгъэщыпкъар адрейхэм я гъусэу ныфхудогъакӀуэ. Иджы куэду къызэрыфщыгугъым щхьэкӀэ нэхъри нэхъ егугъу хъуащ.

23 ТиткӀэ фыкъызэупщӀмэ, ар си гъусэу фхуолажьэ. Мы къуэшхэмкӀэ фыкъызэупщӀмэ, ахэр члисэ зэхуэсхэм я лӀыкӀуэу Мэссихь щӀыхь хуэзыщӀхэрщ.

24 Аращи, члисэ зэхуэсхэм я пащхьэм фи фӀылъагъуныгъэри фхуэфащэу дызэрыфщытхъури мы къуэшхэм евгъэлъагъу.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan