Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.


Паул зэрыгуфӀар

2 Фи гур къытхузэӀуфх: Зыми ди ягъэ едгъэкӀакъым, зыри дгъэунэхъуакъым, зыми фейдэ къыпытхыну дыхэтакъым.

3 Фэ фызгъэкъуэншэну аракъым ар сэ щӀыжысӀэр; нэхъапэми къызэрыжысӀам хуэдэу, дызэгъусэуи дыпсэуну, дызэгъусэуи дылӀэну ди гум фыхэлъщ.

4 КуэдкӀэ сыфщогугъ. Ину сызэрыпагэр фэращ. Гузэвэгъуэ Ӏэджэм дыхэтми, гушхуэныгъэшхуэрэ гуфӀэгъуэшхуэрэ диӀэщ.

5 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македонием дыщыкӀуа щыгъуэ, дипкъкӀэ гузэгъэгъуэ дгъуэтакъым, сыд хуэдэ лъэныкъуи гузэвэгъуэм дыхэтащ – зэныкъуэкъуныгъэхэми дыхэхуэрт, шынагъуэри ди гум илът.

6 Ауэ зигу кӀуэдахэм ягу зыгъэзагъэ Тхьэм Тит къызэрыкӀуамкӀэ дигу къигъэзэгъащ.

7 ИкӀи ар къызэрыкӀуам и закъуэкъым дигу къыщӀигъэзэгъар – Тит игу къызэрывгъэзэгъам и хъыбарми и фӀыгъэщ ар. Сыфлъагъуну куэду зэрыффӀэфӀари, фызэрыгъари, фыкъызэрысхуэгузэвари къытхуиӀуэтэжащ абы. Япэм нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэж сиӀэ хъуащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.

8 Ныфхуэстха тхылъымкӀэ фи гур хэзгъэщӀами, абы сыхущӀегъуэжыркъым. СыщӀегъуэж пэтащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а тхылъым фи гур зэрыхигъэщӀар солъагъу, ауэ фи гур хигъэщӀауэ зэрыщытар зы зэман кӀэщӀ къудейкӀэщ.

9 Ауэ иджы согуфӀэ. СызыгъэгуфӀэр фи гур зэрыхэщӀар аркъым, атӀэ фи гухэщӀыныгъэм фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжыну зэрищӀар арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зэрыхуейм тету фи гур хэдгъэщӀащ. Аращи, ди ягъэ зыри фэдгъэкӀакъым.

10 ГухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фӀыуэ къыпэкӀуэр ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыныр арщ. Ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыным фӀыуэ къыхэкӀыр дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлырщ. Апхуэдэ гухэщӀыныгъэм ухущӀегъуэжынукъым, ауэ мы дунейм и гухэщӀыныгъэм Ӏейуэ къыпэкӀуэр лӀэныгъэрщ.

11 Мы гухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркӀэ фӀыуэ къыпэкӀуам феплъ: Мы ӀуэхумкӀэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиӀэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкӀэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкӀэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдизкӀэ фыкъысхуея, сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиӀэ хъуа, мыхъумыщӀагъэ зыщӀам хуэфащэр евгъэпшыныжыным сыт хуэдизкӀэ фыхэта! Мы ӀуэхумкӀэ фызэрыхейр сыт и лъэныкъуэкӀи ӀупщӀу къэвгъэлъэгъуащ.

12 Аращи, сыныфхуэтхами, мыхъумыщӀагъэр зыщӀар е мыхъумыщӀагъэ зрищӀар аркъым нэхъыбэу сызэгупсысар, ауэ дызэрыфхуэгузавэр Тхьэм и пащхьэм ныщыфхуэзгъэнэхуэну сыхуеящ.

13 А Ӏуэху псоми гузэгъэгъуэ къыдатащ. Ди гупсэхугъуэм къыхэхъуэурэ, фэ псоми Тит и гур зэрывгъэзэгъам щхьэкӀэ, ар зэрыгуфӀар щытлъагъум, дэри нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ диӀэ хъуащ.

14 Тит и пащхьэм сыкъыфщыщытхъуащ, фэри сывгъэукӀытакъым. Щыпкъэ псори нызэрывжетӀам хуэдэу, Тит и пащхьэм дыкъызэрыфщыщытхъуа Ӏуэхухэри пэжу къыщӀэкӀыжащ.

15 Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ.

16 Сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи сыфщыгугъ зэрыхъунур си гуапэщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan