Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ.

2 Абы нэсыху, уафэм щыӀэ унэм дыщыпсэуну дыщӀэхъуэпсу догумэщӀ.

3 Апхуэдэу дыхуэпамэ пцӀанэ дыхъужынукъым.

4 Мы ди пкъыу тэхъуанэм хуэдэм дыщыпсэуху, догумэщӀ икӀи гузэвэгъуэм дыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀэн хуей пкъыр къызэднэкӀыну дыхуейкъым, итӀанэ уафэм щыщ пкъыр къызэрытхалъхьэным дыщӀокъу. Апхуэдэу, лӀэн хуейм и пӀэр гъащӀэм иубыдынущ.

5 Тхьэращ мы Ӏуэхум щхьэкӀэ дыкъэзыгъэщӀар, и Псэ ЛъапӀэри сакъылэтым хуэдэу ди гум къизылъхьар.

6 Аращи, сыт щыгъуи догушхуэ икӀи пкъым дыщыпсэуху, Зиусхьэным дызэрыпэжыжьэр дощӀэ.

7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкӀэ тлъагъум тету дыпсэуркъым.

8 Догушхуэ жызоӀэ, икӀи дипкъхэм дахэкӀыу, Зиусхьэным и гъусэ дыхъумэ, нэхъ тфӀэфӀщ.

9 Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ.

10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псоми Мэссихь хьэкум къыттрищӀыхьын щхьэкӀэ абы и тахътэм и пащхьэ диувэн хуейщ, мы дунейм хэти щилэжьам хуэфащэр, фӀыми Ӏейми, игъуэтыжын папщӀэ.


Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм дэ езым дызригъэкӀужащ

11 Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ ди гум илъыныр зыхуэдэр дощӀэри, цӀыхухэр абы и гъуэгум тедгъэхьэну дыхэтщ. Ди гум илъыр ТхьэмкӀэ нахуэщ, фэри фигукӀэ ди гум илъыр фщӀэуэ сыфщогугъ.

12 Фи пащхьэм аргуэру дыщызыщытхъужыркъым, ауэ цӀыхуу зи гум илъым емыплъу, зи фэм ирипагэу зыщытхъужхэм зыгуэр яжывэдгъэӀэн щхьэкӀэ, дэр щхьэкӀэ фыпэгэну Ӏэмал къыфхудогъуэт.

13 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди щхьэр зэкӀуэкӀамэ, ар Тхьэм и щӀыхь къэкӀуэн папщӀэкӀэщ. Ди щхьэр зэмыкӀуэкӀамэ, абы и фӀагъ фэ къывокӀ.

14 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.

15 Псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкӀэ лӀэуэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжам хуэпсэун папщӀэ, цӀыху псоми я пӀэкӀэ Мэссихь лӀащ.

16 Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.

17 Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.

18 А псори Тхьэм деж къокӀ. Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм дэ езым дызригъэкӀужащ, цӀыхухэр езым едгъэкӀужын Ӏуэхури дэ ди пщэм къыдилъхьащ.

19 Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ.

20 Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.

21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan