Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЯтӀагъум къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм ярылъ мылъкушхуэр

1 Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.

2 ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.

3 ЦӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀыр мыӀупщӀмэ, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэрщ зыхуэмыӀупщӀыр.

4 ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.

5 ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.

6 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.

7 Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ.

8 Лъэныкъуэ псомкӀи щӀыпӀэ зэв ираубыдам дыхуэдэщ, ауэ дыдэкъузауэ щыткъым. ТщӀэнур тщӀэркъым, ауэ ди гур дгъэкӀуэдыркъым.

9 ЦӀыхухэм гугъуехь дагъэшэч, ауэ Тхьэм ди закъуэ дыкъигъанэркъым. ЩӀыми дытрадзэ, ауэ дыкӀуэдыркъым.

10 Ди пкъым хэлъу, Зиусхьэн Хьисэ и лӀэныгъэр къетхьэкӀ зэпытщ, Хьисэ и гъащӀэр нахуэу ди пкъым къыхэщын щхьэкӀэ.

11 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, ажалыр къытщхьэщыт зэпыту допсэу, Хьисэ и гъащӀэр дипкъ лӀэжынумкӀэ нахуэ къэхъун папщӀэ.

12 Апхуэдэу, дэ къытхэлъу ажалым Ӏуэху ещӀэ, ауэ фэ къыфхэлъу гъащӀэм Ӏуэху ещӀэ.

13 «ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, абы щхьэкӀэ сыкъэпсэлъащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщи, дыкъопсалъэ,

14 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэн Хьисэр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм дэри Хьисэ ди псэм щыщу дыкъигъэтэджыжу, фэ дывигъусэу езым и пащхьэм дызэрыригъэувэнур дощӀэ.

15 Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.


Ди гур дгъэкӀуэдыркъым

16 Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.

17 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.

18 Апхуэдэу цӀыхухэм нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэм деплъыркъым, атӀэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынущ, ауэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынукъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan