Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм ядогъащӀэ

1 Дызыщытхъужыну къэдублэрэ аргуэру? Е зыгуэрым къыфхуитхауэ е фэ фтхауэ къытщытхъу тхылъ гуэр дыхуэныкъуэ, цӀыху гуэрхэр зэрыхуэныкъуэм хуэдэу?

2 Фэ дэ къытщытхъу тхылъым фыхуэдэщ. Ар дигухэм итхауэ илъщ. ЦӀыху псоми а тхылъыр ящӀэн икӀи абы еджэн ялъэкӀынущ.

3 Ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуауэ, Мэссихь итха тхылъым хуэдэу фызэрыщытыр къывогъэлъагъуэ. А тхылъыр шакъэкӀэ тхакъым, атӀэ гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ тхащ. Мывэ пхъэбгъухэм ятетхакъым, атӀэ цӀыхухэм ягухэм итхауэ илъщ.

4 Мэссихь Тхьэм дызэрыщигъэгугъым щхьэкӀэ апхуэдэу жыдоӀэ.

5 Дэр-дэру ди лъэкӀыныгъэкӀэ зыгуэр къэдгупсысыфу жытӀэркъым, лъэкӀыныгъэ къыдэзытыр Тхьэращ.

6 Абы зэгурыӀуэныгъэщӀэм дыхуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ. А зэгурыӀуэныгъэр псалъэ тхахэм ятеухуа зэгурыӀуэныгъэкъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ зэгурыӀуэныгъэщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псалъэ тхам цӀыхур егъалӀэ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къегъэпсэуж ар.

7 ХьэрфхэмкӀэ мывэхэм тетха Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум ажалыр цӀыхухэм къахуихьын хуейуэ щытми, щӀыхьышхуэ иӀэу ар къэкӀуащ. Апхуэдэу, Мусэ бегъымбарым и нэгум щӀэт нэхушхуэр кӀуэдыжу щыта пэтми, израил цӀыхухэм абы и нэгум иплъэн ялъэкӀтэкъым.

8 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейкъэ?

9 ЦӀыхухэр зыгъэкъуаншэ Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум щӀыхьышхуэ иӀамэ, цӀыхухэм Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэу зыщӀ и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ.

10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀыхьышхуэ зиӀэу щыта Торэт хабзэм щӀыхь лъэпкъ иӀэжкъым, иужькӀэ къэкӀуа, нэхъ щӀыхьышхуэ зиӀэ хъыбарыфӀым хуэбгъадэмэ.

11 ИкӀи кӀуэдыжын хуея Торэт хабзэм щӀыхьышхуэ иӀамэ, зэи мыкӀуэдыжыну хъыбарыфӀым абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ.

12 Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ.

13 Мусэ бегъымбарым зэрищӀам хуэдэу тщӀыркъым. Израил цӀыхухэм абы и нэгум щӀэт нэхушхуэр зэрыкӀуэдыр ямылъагъун щхьэкӀэ, и нэгур ӀэлъэщӀкӀэ щӀиуфащ.

14 Я акъылхэр ункӀыфӀащ абыхэм. Нобэр къыздэсым пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэм щеджэкӀэ, абыхэм я акъылхэм тепхъуэ тепхъуауэ къонэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь закъуэрщ а тепхъуэр тезыхыжын зылъэкӀыр.

15 Израил цӀыхухэр Мусэ и Торэт хабзэм ноби щеджэкӀэ, я гум тепхъуэ тепхъуащ.

16 Ауэ зыгуэрым Зиусхьэным зэрызыхуигъазэу, а тепхъуэр теха мэхъу.

17 Зиусхьэныр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ, ар здэщыӀэми щхьэхуитыныгъэри щыӀэщ.

18 Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan