2 Кор. 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 Аращи, фи гур хэзгъэщӀыурэ фи деж аргуэру сынэмыкӀуэжыным тезубыдащ. 2 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фи гур хэзгъэщӀмэ, фэ зи гур хэзгъэщӀа фэр фӀэкӀа сызыгъэгуфӀэну хэт къэнэжыр? 3 Фэ сызыгъэгуфӀэн хуейхэм сыныщыкӀуэкӀэ си гур хэвмыгъэщӀын щхьэкӀэщ мыр нызэрыстхам хуэдэу ныщӀыфхуэстхар. Сэ сызыгъэгуфӀэ Ӏуэхум фэ псори фызэригъэгуфӀэр си фӀэщ мэхъу. 4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэрэ гухэщӀыгъэшхуэрэ сиӀэу, сыгъыурэ ныфхуэстхащ. Фи гур хэзгъэщӀын щхьэкӀэкъым аракъым ныщӀэстхар, атӀэ фэ фхузиӀэ фӀылъагъуныгъэр зэрыиныр фэзгъэщӀэн щхьэкӀэщ. Паул и гур хэзыгъэщӀам зэрыхуигъэгъур 5 Зыгуэрым нэгъуэщӀым игу хигъэщӀамэ, зигу хигъэщӀар си закъуэкъым, езмыгъэлейуэ жысӀэмэ, фэ псоми гухэщӀыныгъэр Ӏыхьэ фхуэхъуащ. 6 Фэ фщыщу нэхъыбэм апхуэдэ цӀыхум тефлъхьа гугъуехьыр ирикъунущ. 7 Аращи, гухэщӀыныгъэм а цӀыхур имыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, абы хуэвгъэгъун икӀи вгъэгушхуэн хуейщ. 8 Абы къыхэкӀкӀэ апхуэдэ цӀыхум фӀылъагъуныгъэ хувиӀэну сыныволъэӀу. 9 НыщӀыфхуэстхар фи щыпкъагъэр здынэсыр згъэунэхуну, сыт ищӀысымкӀи фыкъысхуэӀурыщӀэмэ зэзгъэщӀэну аращ. 10 Фэ зыхуэвгъэгъу цӀыхум сэри хузогъэгъу. Сэ згъэгъуа Ӏуэхур, згъэгъун Ӏуэху щыӀауэ щытмэ, си фӀагъ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, Мэссихь и пащхьэм щызгъэгъуащ, 11 шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым. Троадэ къалэм Паул зыщыӀууа гузэвэгъуэр 12 Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми, 13 гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ. Мэссихь текӀуэныгъэ къызэрыдигъэхьыр 14 ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ. 15 МыкӀуэду Тхьэм къригъэл цӀыхухэми, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэми дежкӀэ, дэ дызыхуэдэр Мэссихь и мэ гуакӀуэ къызыпих пэрымэу Тхьэм къыщӀихьэр арщ. 16 Ажал къызыхэкӀ мэ Ӏейм дыхуэдэщ цӀыху гуэрхэм ядежкӀэ, гъащӀэ къызыхэкӀ мэ гуакӀуэм дыхуэдэщ нэгъуэщӀ гуэрхэми ядежкӀэ. Апхуэдэ Ӏуэху илэжьыну хэт зылъэкӀынур? 17 Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden