2 Кор. 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Коринф дэсхэм Паул иужьрей Ӏуэхуу ягуригъэӀуар 1 Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ. 2 ЕтӀуанэрейуэ фи деж сыщыщыӀам, мыр фэзухылӀащ. Иджы фи деж сыщымыӀэми, аргуэру фызоухылӀэ: нэхъапэ гуэныхь зыщӀахэмрэ адрей цӀыхухэмрэ сыщыкӀуэкӀэ сащысхьынукъым, 3 къыжысӀэр къыжызэзыгъыӀэр зэры-Мэссихьыр згъэпэжыну фыхуейщи. ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу аракъым Мэссихь къызэрывдэгъуэгурыкӀуэр. Абы и лъэкӀыныгъэшхуэр фи деж къыщегъэлъагъуэ. 4 ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ. 5 Фи фӀэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ, зывгъэунэхуж. Хьисэ Мэссихь фи псэм зэрыщыщыр фи щхьэкӀэ фщӀэркъэ? Апхуэдэу мыхъумэ, фызэрыщытын хуейм хуэдэу фыщымыту арщ. 6 Дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу дызэрыщытыр фщӀэуэ си гугъэщ. 7 МыхъумыщӀагъэ гуэр фымыщӀэну Тхьэм долъэӀу. ДыщӀелъэӀур дызэрыщытын хуейм хуэдэу дыщыту къыщӀэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу дыщымыту къыщӀэкӀми, фэ фӀыр влэжыну арщ. 8 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм дыпэувмэ, зыри тщӀэн тлъэкӀынукъым, ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ зыгуэр тщӀэн тлъэкӀынущ. 9 ЛъэкӀыныгъэ димыӀэми, фэ лъэкӀыныгъэ фиӀэ щыхъукӀэ, догуфӀэ. Фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фищӀыну, Тхьэм долъэӀу. 10 Фи деж сыщымыӀэу мы Ӏуэхухэр ныщӀыфхуэстхыр, фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Зиусхьэным къызита лъэкӀыныгъэкӀэ пхъашэу сыфхущытын хуей мыхъун щхьэкӀэщ. Фызгъэунэхъуну аракъым, гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ фэзгъэгъуэтыну арщ Зиусхьэным а къарур къыщӀызитар. Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр 11 ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ. 12 ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх. Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж. 13 Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэр, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гъусэ ирехъу псоми. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden