Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

2 Кор. 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀэхъус

1 Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.

2 Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Паул Тхьэм фӀыщӀэ зэрыхуищӀыр

3 Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ. ГущӀэгъуныгъэшхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкӀ Тхьэр арщ.

4 Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ. Тхьэм ди гу зэрегъэзагъэм хуэдабзэу, сыт хуэдэ гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкӀынущ дэри.

5 Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ.

6 Дэ гузэвэгъуэ дыщӀыхэтыр Тхьэм фэ фигу игъэзэгъэн икӀи фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэщ. Тхьэм дигу къыщӀигъэзагъэр дэ тшэч гугъуехьхэм хуэдэхэр теубыдагъэкӀэ фшэчын флъигъэкӀыурэ, фигу игъэзэгъэн щхьэкӀэщ.

7 Куэду дыфщогугъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ тшэч гугъуехьхэм фэ фи Ӏыхьи зэрыхэлъым хуэдэу, Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдэу, фэри фигу зэригъэзэгъэнур дощӀэри.

8 Асие хэкум дызыщыхэта гузэвэгъуэм и хъыбарыр фэдгъэщӀэн хуейуэ долъытэ. Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ.

9 Пэжу, укӀкӀэ хьэкум дигукӀэ зытетщӀыхьыжат. Ар щӀэхъуар ди щхьэм дыщымыгугъыжу, лӀахэр къэзыгъэтэджыж Тхьэм дыщыгугъын щхьэкӀэщ.

10 Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.

11 Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.


Паул и мурадыр щӀызэрихъуэкӀар

12 Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.

13-14 Фызэджэфынум икӀи къывгурыӀуэфынум фӀэкӀа нэгъуэщӀ ныфхуэттхакъым. Нэгъэсауэ къывгурымыӀуари нэгъэсауэ къызэрывгурыӀуэным сыщогугъ. Ди Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм дэ фэркӀэ дызэрыпэгэнум хуэдэу, фэри дэркӀэ фыпэгэнущ абы щыгъуэ.

15 Абы сыщыгугъти, фи деж япэ сынэкӀуэну сыхуеящ, си фӀагъ тӀэунейкӀэ къывэкӀын щхьэкӀэ.

16 Македоние хэкум сыщыкӀуэкӀэ, фи дежкӀэ сыкӀуэцӀрыкӀын си мурадащ; Македонием сыкъыщикӀыжкӀи, фи дежкӀэ сынакӀуэу, адэкӀэ Иудей хэкум сыкӀуэнымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыхуейт.

17 Апхуэдэ мурад сиӀэ щыхъум, си гурылъыр сымыщӀэжу сыщытауэ ара? Е мы дунейм и цӀыхухэм мурад зэращӀым хуэдэу, сэри сщӀырэ? Зэм «Аращ», зэм «Хьэуэ, аракъым», жысӀэу си хабзэ?

18 Псалъэу нывжетӀар зэм арауэ, зэм армырауэ зэрыщымытыр Тхьэм и щыпкъагъэмкӀэ къыжызоӀэ.

19 Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.

20 Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэху псоми «Аращ», икӀи «Ӏэмин» яхуэхъуурэ, ахэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр Мэссихьщ, дэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.

21 Тхьэращ фэри дэри Мэссихь и гъуэгу быдэу дытезыгъэтри, ди Ӏуэхур тщӀэну дызыгъэувари.

22 Езыр арщ и бынхэм дазэрыщыщыр дэзыгъащӀэ мыхъуру икӀи фӀыгъуэ къызэрыдитынум и сакъылэту и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьар.

23 Пэжыр жызмыӀэмэ, срекӀуэд. Сыфщысхьын щхьэкӀэщ Коринф къалэм иджыри къэс сыныщӀэмыкӀуар. АбыкӀэ щыхьэт къысхуэхъуну Тхьэм зыхузогъазэ.

24 Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan