Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэссихь Хьисэ фӀыуэ хуэбанэ зауэлӀыр 1 Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ. 2 Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ. 3 Хьисэ Мэссихь и зауэлӀыфӀым хуэдэу гугъуехь къыздэшэч. 4 Дзэм емыпха Ӏуэхугъуэхэм зауэлӀым зыдригъэхьэхыркъым – дзэ пашэм и гум зригъэхьыну хуейщ. 5 Апхуэдэу зэрызэдэжэ хабзэм тету къэмыжэм текӀуэныгъэм и таж къратыркъым. 6 Ӏуэху гугъу зыщӀэ мэкъумэшыщӀэм гъавэу кърахьэлӀэжам щыщ и Ӏыхьэр япэ къратын хуейщ. 7 Сэ жысӀэм егупсыс. Зиусхьэным Ӏуэху псомкӀи зэхэщӀыкӀ къуитынущ. 8 Хьисэ Мэссихь уигу къэгъэкӀыж; ар Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Аращ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀу, 9 гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым. 10 Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ. 11 Мы псалъэхэр пэжщ: Мэссихь дригъусэу дылӀамэ, дригъусэуи дыщыӀэнущ. 12 ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ. 13 Дэ дигум щыпкъагъэ имылъми, абы и гум щыпкъагъэ сыт щыгъуи илъынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым зыкъигъэпцӀэжын лъэкӀынукъыми. Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу и гум ирихьыр 14 А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр. 15 Зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа цӀыхуу, илэжьа Ӏуэхум щӀытеукӀытыхьыжын лъэпкъ щымыӀэу, щыпкъагъэм и псалъэхэр цӀыхухэм пэжу езыгъащӀэ цӀыхуу Тхьэм дежкӀэ узэрыщытыным и ужь ит. 16 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи. 17 Лышх узым хуэдэу, абыхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр цӀыху куэдым ялъэӀэсынущ. Именейрэ Филитрэ а цӀыхухэм ящыщщ. 18 А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд. 19 Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ». 20 Унэшхуэ гуэрым дыщэмрэ дыжьынымрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм я мызакъуэу, пхъэмрэ ятӀэмрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэри щӀэлъщ. ХьэкъущыкъуфӀ дыдэхэри, къызэрыгуэкӀ хьэкъущыкъухэри яхэтщ. 21 Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ. 22 Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит. 23 ПщӀэ зимыӀэ икӀи щӀэныгъэ зыхэмылъ зэдэуэныгъэхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Абыхэм цӀыхухэр зэрызэщагъыхьэр уощӀэ. 24 Зиусхьэным хуэлажьэ цӀыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтӀэ цӀыху псоми яхуэфӀу, абыхэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀыу, зызымыгъэгусэ цӀыхуу щытын хуейщ. 25 Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ. 26 Апхуэдэу хъумэ, зыхуейр яригъэщӀэну шейтаным иубыда нэужь, абы и хъым къикӀыфыжынущ ахэр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden