Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


ФӀэхъус

1 Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.

2 Щыпкъагъэр ди гум зэрилъым, игъащӀэкӀи зэрилъынум къыхэкӀкӀэ фэ фӀыуэ фыдолъагъу.

3 Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Адэ лъапӀэм и Къуэу Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэшхуэ, гузэгъэгъуэ дэ, щыпкъагъэр зыщӀэхэм икӀи фӀыуэ зэрылъагъухэм, къытлърес.


Щыпкъагъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ

4 Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ.

5 Иджы, гуащэ лъапӀэ, сынолъэӀу: ФӀыуэ дызэрывгъэлъагъу. Ар унафэщӀэм хуэдэу ныпхуэстхыркъым, ар япэм къыщыщӀэдзауэ диӀа унафэу щытщ.

6 Тхьэм и унафэхэм тету дыпсэунырщ фӀылъагъуныгъэкӀэ сызэджэр. Ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха унафэр фӀылъагъуныгъэм фытету фызэрыпсэур арщ.

7 Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуар зымыдэ цӀыху куэд – адрей цӀыхухэр къэзыгъапцӀэхэр дунейм къытехьащ. Апхуэдэ цӀыхухэр гъэпцӀакӀуэщ икӀи Антихристхэщ.

8 Фэ фщӀа Ӏуэхур фымыгъэкӀуэд икӀи фи ӀыхьэфӀыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж.

9 Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.

10 Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.

11 Абы фӀэхъус езыхым а цӀыхум илэжь Ӏуэху щӀэпхъаджэхэмкӀэ и Ӏыхьэгъу хуохъу.


Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр

12 Ныфхуэстхыну сиӀэр куэдщ иджыри, ауэ тхылъымпӀэрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. Ди гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ, фи деж сэ сынакӀуэу дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэным сыщогугъ.

13 Тхьэм къыхиха уи шыпхъум и бынхэм фӀэхъус къыуахыж. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan