1 Петр 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЛӀыхэмрэ фызхэмрэ я зэхущытыкӀэр 1 Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ, 2 фигу къабзэу, Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фызэрыпсэум гу лъатэмэ. 3 Дахэ фызыщӀыр фи теплъэрауэ щремыт, щхьэц ухуэнынри, дыщэкӀэ зывгъэдэхэнри, щыгъын дахэхэри арауэ иремыхъу, 4 атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ. 5 Аращ пасэм цӀыхубз лъапӀэу Тхьэм щыгугъахэм зызэрагъэдахэу щыта щӀыкӀэр, ялӀхэми яхуэӀурыщӀэу. 6 Апхуэдэу Сарэ, тхьэмадэкӀэ еджэурэ, Ибрэхьим дэпсэуащ. ФӀы щыфщӀэкӀэ зыми фыщымышынэмэ, фэри Сарэ фрибынщ. 7 Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀы зэращӀэм щхьэкӀэ яшэч гугъуехьыр 8 ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт. 9 Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ. 10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «ГъащӀэр фӀыуэ зылъагъуу, махуэфӀхэр зылъагъуну хуей цӀыхум бзаджэ жыӀэным и бзэр щрехъумэ, и Ӏупэхэри хьилагъэм щрехъумэ. 11 Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зрырещӀ, фӀы ирелэжь. ЗэгурыӀуэныгъэм лъыхъуэу, и ужь ирырет. 12 Зиусхьэным и нэӀэр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм ятрегъэт. Ахэр щелъэӀукӀэ, ар къодаӀуэ. Ауэ бзаджащӀэхэм Зиусхьэным и щӀыбыр яхуегъазэ, (дунейм ахэр тригъэкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ)». 13 ФӀы щӀэным и ужь фи фӀэщу фитмэ, хэт зэран къыфхуэхъун зылъэкӀынур? 14 Ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ. Аращи, цӀыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икӀи зыми зевмыгъэгузавэ. 15 Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт. 16 МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ. 17 Тхьэр апхуэдэу хуеймэ, фӀы зэрыфщӀэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыныр нэхъыфӀщ, бзаджэ щӀэным щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыным нэхърэ. 18 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт. 19 И псэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щӀыпӀэ кӀыфӀым хэс псэхэм я деж кӀуэри, Тхьэм и хъыбарыр яхуиӀуэтащ. 20 Ахэращ Нухь бегъымбарым кхъухьыр щищӀа махуэхэм Тхьэр шыӀэныгъэшхуэкӀэ къапэплъэу щыта пэтми, езым емыдэӀуахэр. Кхъухьым исар цыху зыбжанэт – цӀыхуийт зэрыхъур; цӀыхуийри псым щымыкӀуэду къелъащ. 21 Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ. 22 Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden