Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Тхьэм и нэфӀ Нухьрэ абы и къуэхэмрэ ящыхуэри, яжриӀащ абыхэм: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъу.

2 – Къыфщышынэнущ икӀи къыфхуэкӀэзызынущ щӀылъэм тет хьэкӀэкхъуэкӀэ псори, уэгум ит къуалэбзу псори, щӀылъэм щызекӀуэ псори, хым хэс бдзэжьей псори; фи ӀэмыщӀэ ихуащ ахэр.

3 Псэууэ зекӀуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантӀэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ.

4 Ауэ лъы зыхэлъ лы фымышх, ар абы и псэращи.

5 Зыгуэрым цӀыху иукӀмэ, згъэпшынэнущ, хьэкӀэкхъуэкӀэми цӀыхур иукӀмэ, згъэпшынэнущ.

6 Хэт цӀыхум илъ игъажэми, абы и лъыр цӀыхурщ зыгъэжэнур, цӀыхур Тхьэм езым и теплъэу къигъэщӀащи.

7 – АтӀэ фэ фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, икӀи тез фыхъу щӀылъэм, икӀи икъукӀэ фыщыбагъуэ абдежым.

8 ЯжриӀащ Тхьэм Нухьи абы и къуэхэми:

9 – Мис, Сэ фэри иужькӀэ къыфтехъукӀыну щӀэблэхэми зэгурыӀуэныгъэ фызощӀылӀэ,

10 фэ фи гъусэу псэ зыпыт дэтхэнэми, къуалэбзухэми, Ӏэщхэми, щӀым тету фи гъусэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми, кхъухьым къикӀа псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми зэгурыӀуэныгъэ язоухылӀэ;

11 Си зэгурыӀуэныгъэ фызоухылӀэ: псэ зыпыт дэтхэнэри дяпэкӀэ псыдзэм зэи зэрыхэзмыгъэкӀуэдэнумкӀэ, икӀи щӀылъэр изылъэсыкӀын псыдзэ зэи зэрыщымыӀэжынумкӀэ.

12 ЖиӀащ Тхьэм итӀанэ: – Сэ фэри, фэ къыфщӀыгъуу псэ зыпыт дэтхэнэми, къэхъуну щӀэблэхэри къыхиубыду, зэгурыӀуэныгъэ фэзухылӀэр къэзыгъэпэж нэщэнэр мис:

13 Сэ хызолъхьэ Си лэгъупыкъур пшэм, ар Сэрэ щӀылъэмрэ дякум дэлъ зэгурыӀуэныгъэм и нэщэнэу щытын папщӀэ.

14 Сэ щӀылъэм пшэ нытезгъэхьэмэ, а пшэм къыщылъэгъуэнущ лэгъупыкъур.

15 КъэкӀыжынущ итӀанэ си гум фэри псэ зыпыт адрей псоми зэгурыӀуэныгъэу фэзухылӀауэ щытар; псыр зэи къиужынукъым, сыт хуэдэ псэ зыпытри хэмыкӀуэдэн папщӀэ.

16 Лэгъупыкъури хэтынущ пшэм, Сэри ар къэслъагъуурэ сигу къэкӀыжынущ Сэрэ дэтхэнэ псэ зыпыту щӀылъэм тетымрэ ди зэхуакум дэлъ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэр.

17 ЖриӀащ Тхьэм Нухь адэкӀэ: – Аращ Сэрэ дэтхэнэ псэ зыпыту щӀылъэм тетымрэ ди зэхуакум Сэ дэзгъэува зэгурыӀуэныгъэм и нэщэнэр.


Чэф хъуа Нухьрэ и къуэхэмрэ

18 Нухь и къуэхэу кхъухьым къикӀыжауэ щытахэр Щэм, Хъам, Ефэт сымэт. Хъам КъэнаӀан и адэт.

19 Щыри Нухь и къуэт, абыхэм къатепщӀыкӀыжащ щӀылъэм щыпсэу псори.

20 Нухь щӀым телэжьыхьу щӀидзэри игъэтӀысащ жызум хадэ.

21 Абы санэ ирифри чэф хъуауэ щӀэлът и шэтырым пцӀанэу.

22 Къилъэгъуащ Хъам, КъэнаӀан и адэм, и адэр зэрыпцӀанэр, икӀи къыщӀэкӀыжри яжриӀэжащ и къуэшитӀым.

23 Щэмрэ Ефэтрэ щыгъын къащтэщ, я дамэм тралъхьэри, щӀыбкӀэ икӀуэтурэ щӀыхьэри я адэр щӀахъумащ; ахэр лъэныкъуэкӀэ къэгъэзати, ялъэгъуакъым я адэр зэрыпцӀанэр.

24 Нухь санэм кърита чэфыр пкърыкӀыжауэ къэушри къищӀащ и къуэ нэхъыщӀэм кърищӀар;

25 ЖиӀащ абы итӀанэ: – Тхьэм и ней КъэнаӀан къыщыхуэ; и къуэшхэм я пщылӀхэм я пщылӀыж хъунущ ар.

26 ИтӀанэ жиӀащ: – Зиусхьэну Щэм зыхуэлажьэ Тхьэм щӀыхьыр ейщ! КъэнаӀан абы и пщылӀ ирехъу.

27 Ирегъэбагъуэ Тхьэм Ефэт, икӀи щӀретӀысхьэ ар Щэм и шэтырхэм; ауэ КъэнаӀан абы и пщылӀ ирехъу.

28 Псыдзэм и ужькӀэ псэуащ Нухь илъэс щищрэ тхущӀкӀэ.

29 Нухь, илъэс щибгъурэ тхущӀрэ къигъэщӀа нэужь, дунейм ехыжащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan