Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Псыхэр щӀым зэрытекӀыжар

1 Тхьэм щымыгъупщауэ игу илъащ Нухьи хьэкӀэкхъуэкӀэуи Ӏэщуи абы кхъухьым диса псори; Тхьэм щӀылъэм жьыбгъэр къриутӀыпщри, псыхэр щӀым текӀыжащ.

2 ЗызэхуащӀыжащ щыхупӀэ лъащӀэншэм и къиупӀэхэми уафэ щхьэгъубжэхэми, увыӀащ уафэм къикӀ уэшхри.

3 Псыми хуэм-хуэмурэ тригъэзыкӀыжащ щӀылъэм. Арати, жэщӀыжу хуежьащ псыр, махуищэрэ щэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь.

4 Кхъухьыр ебланэ мазэм и епщыкӀубланэ махуэм къыщыувыӀащ Арарат бгыщхьэм.

5 Псыр жэщӀ зэпытурэ екӀуэкӀащ епщӀанэ мазэм нэсыху; епщӀанэ мазэм и япэрей махуэм къыхэщащ бгыщхьэхэр.

6 Махуэ плӀыщӀ дэкӀа нэужь, Нухь къызэӀуихащ кхъухьым хищӀыхьа щхьэгъубжэр.

7 Щхьэгъубжэр къызэӀуихри, Нухь къуаргъыр къриутӀыпщыкӀащ, псыр гъужыху, кхъухьым икӀыурэ къэзылъэтыхьу щытар.

8 ИтӀанэ иутӀыпщащ тхьэрыкъуэр, псыр щӀылъэм текӀамэ, къищӀэн папщӀэ.

9 АрщхьэкӀэ тхьэрыкъуэм къигъэзэжащ кхъухьым, зыщетӀысэхын гъущапӀэ игъуэтатэкъыми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псым иджыри щӀигъэнат щӀы щхьэфэр зэрыщыту; Нухь и Ӏэр ишийщ, ар къищтэжри кхъухьым кърихьэжащ.

10 Аргуэру махуиблкӀэ зиӀэжьэри, тхьэрыкъуэр кхъухьым ириутӀыпщыкӀащ.

11 Тхьэрыкъуэм къигъэзэжащ абы деж пщыхьэщхьэ хуэкӀуэу; икӀи еплъмэ, зейтун жыгым и тхьэмпэщӀэ жьэдэлъщ абы: абыкӀэ Нухь къищӀащ псыр щӀылъэм зэрытекӀыжар.

12 Абы аргуэру махуиблкӀэ зиӀэжьэри, ириутӀыпщыкӀащ тхьэрыкъуэр; иджы абы къигъэзэжакъым Нухь деж.

13 Щихрэ езанэ илъэсым и япэрей мазэм и япэрей махуэм ирихьэлӀэу щыжэщӀыжащ щӀылъэм псыр; Нухь кхъухьым и щхьэр трихри зиплъыхьащ, илъэгъуащ псыр зэрыжэщӀыжар.

14 ЕтӀуанэ мазэм и тӀощӀрэ ебланэ махуэм ирихьэлӀэу щӀылъэр гъущыжыпащ.

15 ЖриӀащ абдеж Тхьэм Нухь:

16 – КъикӀ кхъухьым, уи фызри, уи къуэхэри, уи къуэхэм я фызхэри зыщӀыгъуи.

17 Къыздиш псэущхьэу уи гъусэ псори, къуалэбзухэми, хьэкӀэкхъуэкӀэхэми, Ӏэщми, щӀылъэм къыщызыпщыхь псоми ящыщхэр, щызэбгрырекӀ ахэр щӀыгум, щребагъуэ икӀи зыщраубгъу абыхэм щӀылъэм.

18 КъикӀащ, арати, Нухьи, и къуэхэри, и фызри, и къуэхэм я фызхэри зэгъусэу.

19 ХьэкӀэкхъуэкӀэ псори, щӀылъэм къыщызыпщыхь псэущхьэ псори, къуалэбзу псори, щӀылъэм къыщызыкӀухь псори, езыхэм я лъэпкъкӀэ, къикӀащ кхъухьым.


Тхьэм Нухь зэгурыӀуэныгъэ зэрырищӀылӀар

20 Хуиухуащ Нухь Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ; сыт хуэдэ псэущхьэ къабзэми щыщи къуалэбзу къабзэ псоми ящыщи къахихри къурмэнщӀыпӀэм къурмэныпхъэу щигъэсащ.

21 КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ: – ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу.

22 ДяпэкӀэ щӀылъэр щыӀэху зэпыунукъым сэнри хэнри, щӀыӀэри хуабэри, гъэмахуэри щӀымахуэри, махуэри жэщри.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan