1 Мусэ 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 ЖриӀащ Зиусхьэным Нухь: – Фихьэ уэри уи унагъуэри кхъухьым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэращ Си дежкӀэ пэжыгъэ зезыхьэу нобэрей цӀыхухэм яхэслъэгъуар. 2 Здэщтэ сыт хуэдэ псэущхьэ къабзэми щыщу блырыбл, зэхъузэбзу, псэущхьэ мыкъабзэм щыщу тӀурытӀ, зэхъузэбзу. 3 Апхуэдэуи къуалэбзухэм ящыщу блырыбл, ахэри зэхъузэбзу, абыхэм я лъэпкъыр щӀылъэ псом къытенэн папщӀэ. 4 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ махуибл дэкӀмэ, Сэ ескӀыхынущ щӀылъэм уэшхыр махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀкӀэ; икӀи тезгъэкӀуэдыкӀынущ щӀыгум Сэ къэзгъэщӀауэ щыӀэ псэущхьэ псори. 5 Нухь игъэзэщӀащ Зиусхьэным къыхуигъэува унафэ псори. Тхьэм и тезыр – псыдзэр 6 Нухь илъэс щих хъурт псыдзэм щӀылъэр щызэщӀищтам щыгъуэ. 7 Псыдзэм хэмыхуэн папщӀэ, Нухь и къуэхэри, и фызри, и къуэхэм я фызхэри щӀыгъуу кхъухьым ихьащ. 8 Псэущхьэ къабзэхэми псэущхьэ мыкъабзэхэми ящыщу, бзухэми, хьэпщхупщ псоми ящыщу 9 тӀурытӀ, псори зэхъузэбзу, ихьащ кхъухьым, Тхьэм Нухь къызэрыхуигъэувам тету. 10 Махуибл дэкӀри, псыдзэр къиуащ щӀылъэм. 11 Нухь илъэс щих щыхъуа гъэм и етӀуанэ мазэм, епщыкӀубланэ махуэм къызэрыкӀащ щыхупӀэ лъащӀэншэ абрагъуэм и къиупӀэу хъуар, зэӀукӀащ уафэ щхьэгъубжэхэри. 12 Тешхащ щӀылъэм уэшхыр махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀкӀэ. 13 А махуэ дыдэм ихьащ кхъухьым Нухьи и къуэхэу Щэми, Хъами, Ефэти, Нухь и фызри, и къуэхэм я фызищри я гъусэу. 14 Ахэр кхъухьым ихьащ хьэкӀэкхъуэкӀэ псори езыхэм я лъэпкъыу, сыт хуэдэ Ӏэщхэри езыхэм я лъэпкъыу, хьэпщхупщ псори езыхэм я лъэпкъыу, лъатэ псори езыхэм я лъэпкъыу, къуалэбзу псори, дамэ зытет псори я гъусэу. 15 Ихьащ Нухь и кхъухьым псэ зыӀут псэущхьэ лӀэужьыгъуэу щыӀэу хъуам щыщу тӀурытӀ. 16 Аращи, сыт хуэдэ псэущхьэми щыщу хъурэ бзырэ ихьащ кхъухьым Тхьэм Нухь къазэрыхуигъэувам тету. ИтӀанэ Зиусхьэным кхъухьым и бжэр абыхэм якӀэлъыхуищӀыжащ. 17 Псыдзэр телъэдащ щӀылъэм махуэ плӀыщӀкӀэ, псым къыхэхъуэурэ кхъухьыр иӀэтри ар щӀылъэм теӀэтыкӀа хъуащ. 18 Псыр нэхъ хуабжь хъу зэпытт икӀи икъукӀэ зыщиубгъурт щӀылъэм; кхъухьыр щесырт псы щӀыӀум. 19 Псыдзэр апхуэдизкӀэ егъэлеяуэ щӀылъэм хуабжь щыхъуати, щӀылъэм псыри уафэ псом и щӀагъ щӀэт бгы лъагэ псори щӀихъумащ абы. 20 ӀэфракӀэ пщыкӀутхукӀэ абыхэм я щхьэм псым зыщиӀэтри, бгыхэр щӀигъэнащ. 21 ХэкӀуэдащ щӀылъэм щызекӀуэ псэущхьэу хъуари, къуалэбзухэри, Ӏэщри, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри, щӀылъэм къыщызыпщыхь псэущхьэу хъуари, цӀыху псори. 22 ЩӀыгу гъущэм тету гъащӀэ зиӀэр хэкӀуэдащ. 23 КӀуэдащ щӀыгу щхьэфэм тета сыт хуэдэ псэущхьэри; цӀыхум къыщыщӀэдзауэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэми, Ӏэщми, хьэпщхупщхэми, къуалэбзухэми нэсу, псори текӀуэдыкӀащ щӀылъэм: къэнар Нухь закъуэрэ абы и гъусэу кхъухьым ихьахэмрэщ. 24 Псыдзэр щӀылъэм нэхъ хуабжь щыхъу зэпыту екӀуэкӀащ махуищэрэ щэ ныкъуэрэ хуэдизкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden