Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Тхьэм и къуэхэмрэ цӀыху абрагъуэхэмрэ

1 ЦӀыхум щӀылъэм щыбагъуэу щӀадзащ. Абыхэм пхъухэр къахуэхъурт.

2 Тхьэм и къуэхэм къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ.

3 ЖиӀащ Зиусхьэным: – ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ.

4 А зэманми абы и ужькӀи щӀым тетт цӀыху абрагъуэхэр, Тхьэм и къуэхэр цӀыхухэм япхъухэм я деж щӀыхьэу, ахэр яхуэлъхуэу щыхуа зэманым. Ахэр цӀыху лъэщхэт, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху щэджащэхэт.


ЦӀыхухэм я гуэныхьымрэ пэжыгъэ зиӀэ Нухьрэ

5 Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр.

6 Арати, хущӀегъуэжащ Зиусхьэныр щӀылъэм цӀыхур къызэрыщигъэщӀам, икӀи и гум щӀыхьэжащ ар.

7 ЖиӀащ Зиусхьэным: – ТезгъэкӀуэдыкӀынщ щӀылъэм Сэ къэзгъэщӀа цӀыхухэр, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри, Ӏэщхэри, хьэпщхупщхэри, уэгум щызелъатэхэри згъэкӀуэдынщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ сыхущӀегъуэжащ ахэр къызэрызгъэщӀам.

8 Ауэ Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ Нухь.

9 Мис Нухь и хъыбарыр: Нухь мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыхэмылъ цӀыху пэжу а зэманым псэу цӀыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкӀэ Тхьэм хуэпсэущ Нухь.

10 Къыхуэхъуащ абы къуищ: Щэт, Хъам, Ефэт сымэ.

11 АрщхьэкӀэ дуней цӀыхухэр зэхэуцӀэпӀа хъуащ Тхьэм дежкӀэ, ем зэщӀищтащ дунейр.

12 Теплъащ Тхьэр щӀылъэм – зэхэуцӀэпӀащ ар: щӀылъэм тет дэтхэнэ зы цӀыхуми и гъуэгур зэӀигъэхьэжати.

13 ЖриӀащ Тхьэм Нухь: – ЩӀылъэм тет цӀыху псоми кӀэух яхуэсщӀыну гухэлъ сиӀэщ, абыхэм къабгъэдэкӀ ем дунейр зэщӀищтащи. ЗгъэкӀуэдынущ иджы цӀыхухэр щӀылъэм щӀыгъуу.

14 – Гофер жыгым къыхэщӀыкӀи, ухуэ кхъухь уи щхьэм папщӀэ; кхъухьыр зэпрыхукӀ пэш щхьэхуэ-щхьэхуэхэу, и кӀуэцӀи и щӀыфи мэзыш щыхуэ.

15 Ухуэ ар мыпхуэдэу: кхъухьым и кӀыхьагъыр ӀэфракӀэ щищу; и бгъуагъыр ӀэфракӀэ тхущӀу, и лъагагъыр ӀэфракӀэ щэщӀу.

16 ХуэщӀ кхъухьым гъуанэ, зы ӀэфракӀэкӀэ ищхьэкӀэ дэхьеяуэ, бжэи хэлъхьэ кхъухьым и бгъумкӀэ; щыухуэ абы и лъащӀэӀуэкӀэ етӀуанэ, ещанэ къату псэупӀэхэр.

17 ТезутӀыпщхьэнущ Сэ щӀылъэм псыдзэшхуэ, псэ зыӀуту уафэ щӀагъым щыщыӀэ псэущхьэ псори згъэкӀуэдын папщӀэ; щӀылъэм щыщыӀэ псоми я гъащӀэр абдеж щаухынущ.

18 – Ауэ зэгурыӀуэныгъэ Сэрэ уэрэ ди зэхуакум дэслъхьэнурэ уихьэнущ уэ кхъухьым, уи къуэхэри, уи фызри, уи къуэхэм я фызхэри пщӀыгъуу.

19 Ишэ апхуэдэуи кхъухьым псэущхьэ псоми ящыщу тӀурытӀ, ахэр уи гъусэу псэууэ къэнэн папщӀэ; зэхъузэбзу щрет ахэр.

20 Къуалэбзухэм ящыщ, Ӏэщхэм ящыщ, щӀылъэм къыщызыпщыхьхэми ящыщ, а псори езыхэм я лъэпкъыу, псоми ящыщу тӀурытӀ нихьэнущ уи деж, псэууэ къэнэн папщӀэ.

21 Яшх хабзэ шхыныгъуэр къыздэщтэ, гъэтӀылъ, ар фхуэхъунщ уэри абыхэми шхын.

22 ИгъэзэщӀащ Нухь а псори; Тхьэм унафэ къызэрыхуищӀам хуэдэу ищӀащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan