Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 50 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Екъуб зэрыщӀалъхьэжар

1 И адэм зытриубгъуэри, Исуф тегъащ абы, баи хуищӀащ абы.

2 ИтӀанэ унафэ яхуищӀащ Исуф езым и лӀыщӀэхэм – Ӏэзэхэм, и адэм балзам щахуэну; Ӏэзэхэми щахуащ Израил балзам.

3 Ирикъуащ ар махуэ плӀыщӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдиз махуэ бжыгъэм щахуэ балзамыр. Ягъеящ ар мысыр цӀыхухэм махуэ блыщӀкӀэ.

4 Абы и хьэдагъэ махуэхэр щыблэкӀым, Исуф захуигъэзащ фирхьэуным и пщӀантӀэдэтхэм, мыр жиӀэурэ: – Фэ нэфӀкӀэ фыкъызэплъмэ, жефӀэ фирхьэуным мыпхуэдэу:

5 Си адэм тхьэрыӀуэ сигъэщӀащ: «Мис, сэ солӀэ; кхъэлэгъунэу Ханаан щӀыналъэм сэ си щхьэм папщӀэ къыщыстӀам сыщыщӀэлъхьэж» жиӀэри. Иджы хуит сыкъэщӀ, сэ сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжу, къэзгъэзэжыну.

6 – КӀуэ, щӀэлъхьэж уи адэр, – жиӀащ фирхьэуным, – тхьэрыӀуэ зэрыуигъэщӀам хуэдэу.

7 Арати, кӀуащ Исуф и адэр щӀилъхьэжыну. КӀуащ абы и гъусэу фирхьэуным и лӀыщӀэ псори, абы и унэм и нэхъыжьхэри, Мысыр щӀыналъэм и нэхъыжь псори,

8 Исуф и унэм ис псори, абы и къуэшхэри, абы и адэм и унэм ис псори. Ауэ я сабийхэр, я Ӏэщ цӀыкӀухэри я Ӏэщышхуэхэри къагъэнащ абыхэм Гощэн щӀыналъэм.

9 Абыхэм ядежьащ шыгухэри шухэри, абы къыхэкӀкӀэ гупыр икъукӀэ инт.

10 Ахэр Иордан псым адэкӀэ щыт Атад хьэмэшым нэсри, щыгъыурэ абдежым ягу хэщӀу щагъеящ; зэхигъэтащ Исуф и адэм и хьэдагъэр махуиблкӀэ.

11 А щӀыналъэм щыпсэухэм, Ханаан цӀыхухэм, Атад хьэмэшым деж щыӀа хьэдагъэр я нэгу щыщӀэкӀым, жаӀащ абыхэм: – Хьэдагъэ ин дыдэщ мы мысыр цӀыхухэм яӀэр! Абы къыхэкӀыу а щӀыпӀэм фӀащащ цӀэ: Абэл-Мицраим.

12 ЯщӀащ Екъуб и къуэхэм абы езым и унафэм хуэдэу.

13 Езым и къуэхэм ар Ханаан щӀыналъэм яхьри, щыщӀалъхьэжащ Мамрэ къыпэщылъ Махпэлэ губгъуэм ит бгъуэнщӀагъым. А бгъуэнщӀагъыр, губгъуэр щӀыгъуу, Ибрэхьим езым и унейуэ хет цӀыху Ефрон деж къыщищэхуащ, езыр щыщӀалъхьэжын папщӀэ.

14 И адэр щӀилъхьэжа нэужь, къигъэзэжащ Исуф Мысырым, езыми и къуэшхэри, абы и адэр щӀалъхьэжыну езым дэкӀуа псори и гъусэу.


Исуф и къуэшхэм зэрахуигъэгъуар

15 Исуф и къуэшхэм я адэр зэрылӀар щалъагъум, жаӀащ: «Иджы Исуф и ней къытщыхуэрэ абы етщӀэгъа Ӏеягъэхэм папщӀэ илъ ищӀэжыну къытехьэмэ, дауэ хъуну?»

16 Арати, ягъэкӀуащ абыхэм лӀыкӀуэ Исуф деж, мыр жриӀэну: – Уи адэм унафэ ищӀащ лӀэн и пэкӀэ, мыр жиӀэурэ:

17 «Мыпхуэдэу жефӀэ Исуф: Яхуэгъэгъу уи къуэшхэм я къуаншагъэри я гуэныхьри; абыхэм Ӏеягъэ къуащӀащ». Иджы яхуэгъэгъу уи адэм и Тхьэм и унэӀутхэм я къуаншагъэр. Исуф гъырт ар абы щыжраӀэм щыгъуэ.

18 Езы и къуэшхэри къакӀуэщ, абы и пащхьэм деж зыщрадзыхри, жаӀащ: – Мис, дэ дыуиунэӀутщ.

19 – Фымышынэ, – жиӀащ Исуф абдежым, – сэ Тхьэуэ сыщыта?

20 Мис, фэ фигу къысхуилъащ Ӏеягъэ; ауэ Тхьэм зэблихъуащ ар фӀыкӀэ, иджы щыӀэр ищӀэн папщӀэ: цӀыху бжыгъэ куэд дыдэм я гъащӀэр хъума хъун папщӀэ.

21 Аращи, фымышынэ. Сэ фызгъэшхэнущ, фэри фи сабийхэри. Игъэсабырыжащ ахэр, я гур фӀы яхуищӀащ.


Исуф зэрылӀар

22 Арати, щыпсэуащ Исуф Мысырым, езыри и адэм и унагъуэри; къигъэщӀащ Исуф илъэсищэрэ пщӀырэ.

23 ИкӀи илъэгъуащ Исуф Ефраим и сабийхэр ещанэ щӀэблэм нэс; Мынасэ и къуэ Махыр и сабийхэри къыщалъхуащ Исуф и лъэгуажьэхэм я деж.

24 ИтӀанэ яжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Сэ солӀэ; ауэ Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, мы щӀыналъэм фришынурэ, фишэнущ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби яритыну псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъа щӀыналъэм.

25 Исуф Израил и къуэхэм тхьэрыӀуэ яригъэщӀащ, мыр жиӀэурэ: – Тхьэр къыфхуэкӀуэнущ фэ, ифхыж си хьэдэ къупщхьэхэр мыбы.

26 Исуф лӀащ илъэсищэрэ пщӀырэ хъуауэ. Абы балзам щахуэри, Мысырым щыдалъхьащ бэным.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan