1 Мусэ 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрӀэдэмрэ абы къытехъукӀахэмрэ я хъыбар 1 Тхьэм цӀыхур къыщигъэщӀам, Тхьэм ещхьыну ар къигъэхъуащ. 2 ЦӀыхухъурэ бзылъхугъэу ахэр къигъэщӀащ, и нэфӀ абыхэм ящыхуэри ахэр къыщигъэщӀа махуэм цӀэуэ цӀыху яфӀищащ абыхэм. 3 Ӏэдэм, илъэсищэрэ щэщӀкӀэ псэуауэ, къыхуэхъуащ къуэ, езым и теплъэ иӀэу, езым ещхьу, цӀэуэ фӀищащ абы: Щэт. 4 Щэт къыхуалъхуа нэужь, Ӏэдэм илъэс щий къигъэщӀащ, къыщӀэхъуащ абы къуэхэмрэ пхъухэмрэ. 5 Ӏэдэм къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ щэщӀрэ; итӀанэ ари дунейм ехыжащ. 6 Щэт, илъэсищэрэ тхукӀэ псэуауэ, Енощ къыхуэхъуащ. 7 Енощ къалъхуа нэужь, Щэт псэужащ илъэс щийрэ блыкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 8 Щэт къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ пщыкӀутӀрэ; итӀанэ ари лӀащ. 9 Енощ, илъэс бгъущӀкӀэ псэуауэ, Къэнан къыхуэхъуащ. 10 Къэнан къалъхуа нэужь, Енощ псэужащ илъэс щийрэ пщыкӀутхукӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 11 Енощ къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ тхурэ; итӀанэ ари лӀащ. 12 Къэнан, илъэс блыщӀкӀэ псэуауэ, Махъалалэл къыхуэхъуащ. 13 Махъалалэл къалъхуа нэужь, Къэнан псэужащ илъэс щийрэ плӀыщӀкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 14 Къэнан къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ пщӀырэ; итӀанэ ари лӀащ. 15 Махъалалэл, илъэс хыщӀрэ тхукӀэ псэуауэ, Ерэд къыхуэхъуащ. 16 Ерэд къалъхуа нэужь, Махъалалэл псэужащ илъэс щийрэ щэщӀкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 17 Махъалалэл къигъэщӀащ илъэс щийрэ бгъущӀрэ тхурэ; итӀанэ ари лӀащ. 18 Ерэд, илъэсищэрэ хыщӀрэ тӀукӀэ псэуауэ, Хъанох къыхуэхъуащ. 19 Хъанох къалъхуа нэужь, Ерэд псэужащ илъэс щийкӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 20 Ерэд къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ хыщӀрэ тӀурэ, итӀанэ ари лӀащ. 21 Хъанох, илъэс хыщӀрэ тхукӀэ псэуауэ, Матущэлахъ къыхуэхъуащ. 22 Матущэлахъ къалъхуа нэужь, илъэс щищкӀэ Хъанох Тхьэм щыпкъагъэкӀэ хуэпсэуащ икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 23 Хъанох къигъэщӀащ илъэс щищрэ хыщӀрэ тхурэ. 24 Апхуэдизрэ хуэпсэуащ Хъанох Тхьэм; итӀанэ щымыӀэж хъуащ ар, Тхьэм иштэжати. 25 Матущэлахъ, илъэс щищрэ блыкӀэ псэуауэ, Лэмэх къыхуэхъуащ. 26 Лэмэх къалъхуа нэужь, Матущэлахъ псэужащ илъэс щиблрэ ищӀрэ тӀукӀэ, икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 27 Матущэлахъ къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ хыщӀрэ бгъурэ; итӀанэ ари лӀащ. 28 Лэмэх, илъэсищэрэ ищӀрэ тӀукӀэ псэуауэ, къуэ къыхуэхъуащ. 29 Нухь цӀэуэ фӀищащ абы, мыр жиӀэри: «Абы дигъэтыншыжынщ ди ӀуэхукӀи Зиусхьэным нэлат зриха щӀыгум телэжьэнымкӀи». 30 Нухь къалъхуа нэужь, илъэс щитхурэ бгъущӀрэ тхукӀэ псэужащ Лэмэх икӀи къыхуэхъуащ къуэхэри пхъухэри. 31 Лэмэх къигъэщӀащ илъэс щиблрэ блыщӀрэ блырэ; итӀанэ ари лӀащ. 32 Нухь, илъэс щитху хъуауэ, къыхуэхъуащ Щэм, Хъам, Ефэт сымэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden