1 Мусэ 49 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрЕкъуб и нэфӀ и къуэхэм зэращигъэхуамрэ ар зэрылӀамрэ 1 Арати, Екъуб и къуэхэр къриджэри, яжриӀащ: – Фыкъызэхуэс, къэкӀуэну махуэхэм къыфщыщӀынур вжесӀэнущ. 2 Фыкъызэхуэси, фыкъедэӀу, Екъуб и къуэхэ, федэӀу Израил, фи адэм! 3 Рубэн, си щыпэлъху! Уэ узибыдапӀэщ, си цӀыхухъу къарум урищӀэдзапӀэщ. ЩӀыкӀи лъэщыгъэкӀи псоми уращхьэщ. 4 Ауэ уэ псы къиуам ещхь ухъуащ, уефӀэкӀынукъым абыхэм. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уилъащ уи адэм и гъуэлъыпӀэм; уэ буцӀэпӀащ си гъуэлъыпӀэр, абы уигъуалъхьэри. 5 ЩымӀонрэ Лэуийрэ зэшщ, гущӀэгъуншагъэм и Ӏэщэщ абыхэм я джатэхэр. 6 Абыхэм я чэнджащэ сыхыхьэркъым, я зэхуэсым сыхэлажьэркъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжькӀэ, цӀыху яукӀ, езыхэм я щхьэзыфӀэфӀыгъэкӀэ зэпаупщӀ танэм и хуэхэр. 7 Нэлат ялъысащ абыхэм я губжьым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гущӀэгъуншэти; я къанлыгъэми нэлат ялъысащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ябгэти; щызэхэзгъэкӀынущ ахэр Екъуб и хэкум, Израил хэкум щызэбгрызгъэкӀынущ ахэр. 8 Иудэ, уэ къыпщытхъунущ уи къуэшхэр! Уэ уи Ӏэр уи бийхэм я пщэм телъщ; щхьэщэ къыпхуащӀынущ уи адэм и къуэхэм. 9 Аслъэн шыру Иудэр, си къуэр, щакӀуэ къокӀыж, къищэкӀуар ишхауэ. ЗригъэщӀащ абы, гъуэлъащ, аслъэныхъумрэ аслъэныбзымрэ хуэдэу: хэт къигъэушын ар? 10 БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ. 11 Абы ирепх жызумыпкъым езым и шыд джылур, жызумыпкъэ нэхъыфӀми – езым и шыдыбзым къилъхуар. ЕтхьэщӀ санэкӀэ и щыгъыныр, жызум Ӏэрамэхэм ялъкӀэ – езым и щыгъыныр. 12 Егъэлыд абы и нэр санэм, хужь ещӀ и дзэр шэм. 13 Зэбулун щыпсэунущ хы Ӏуфэм, кхъухь тедзапӀэм, абы и гъунапкъэхэри нос Сидон къалэм. 14 Иссашхар псы дэжыпӀэхэм я зэхуакум дэлъ шыд лъэщт, лъэрызехьэт. Иссашхар – ар шыд къарууфӀэу хьэлъэ телъхэм яку дэлъ шыд лъэшщ. 15 ЗыхищӀащ абы гупсэхужыпӀэр зэрыфӀыр, щӀыгур зэрыгурыхьыр, и плӀэм хьэлъэр ирилъхьэри, щӀидзащ лэжьэн пщылӀым хуэдэу. 16 Дан езым и лъэпкъым хьэкум трищӀэнущ, Израил и лӀакъуэхэм ящыщ зыуэ. 17 Дан хъунущ гъуэгум телъ блэ, лъагъуэм телъу, шур щӀыбкӀэ къригъэхуэхын папщӀэ, шы лъакъуэм еуэ блэ. 18 СымыкӀуэду сыкъебгъэлыну сыпщогугъ, Зиусхьэн! 19 Гад къытебэнэнущ хъунщӀакӀуэхэр, ауэ абы ахэр иригъэкӀуэтыжынурэ кърихуэкӀынущ. 20 Ащэр дежкӀэ бэвыщэщ абы и гъавэр, икӀи абы пащтыхьым хуишэнущ шхын Ӏэфхэр. 21 Нафталий къурш бжэн зэкӀужщ; абы и шыр дахэщ. 22 Исуф куэд къызыпыкӀэ жыгым и къудамэщ, псы къыщӀэжыпӀэм щхьэщыту куэд къызыпыкӀэ жыгым и къудамэщ, абы и къудамэхэм зыщаукъуэдиящ блыныщхьэм. 23 И жагъуэ ящӀащ абы, шабзэшэкӀэ еуащ абы, шабзауэхэри къебиящ абы. 24 Ауэ шэщӀауэ къэнащ абы и шабзэр, икӀи ткӀийщ абы и Ӏэ лыпцӀэхэр, Екъуб и Тхьэ лъэщым и хьэтыркӀэ. Езыращ Ӏэхъуэри Израил къэзыхъумэ мывэбгри. 25 Уи адэм и Тхьэр уэ къыбдэӀэпыкъунущ. Псори ЗыхузэфӀэкӀыр Езыращ. Абы и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ, ипщэкӀэ щыӀэ уафэм къикӀ фӀыгъэхэмкӀэ и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ, ищӀагъыкӀэ щыӀэ кууупӀэм и фӀыгъэхэмкӀи, былымрэ бынымрэ я фӀыгъэхэмкӀи Абы и нэфӀ къыпщигъэхуэнущ. 26 ИгъущӀэкӀэ бгыжьхэм я лъагагъэрэ мысэхыж Ӏуащхьэхэм я гуакӀуагъэмрэ ящхьэщыкӀыж уи адэм и нэфӀ къыплъигъэс. Трелъ ахэр Исуф и щхьэм икӀи зэкъуэшхэм ящыщу къыхахам и натӀэм. 27 Биниамин дыгъужь хьэщхьэрыӀуэщ, пщэдджыжьым ешх къиубыдар икӀи пщыхьэщхьэм егуэш къуентхъыр. 28 Мис Израил и лӀакъуэ пщыкӀутӀыр зэрыщыту; мис абыхэм я адэм къажриӀари; и нэфӀ ящигъэхуащ абыхэм, къалъигъэсащ и нэфӀ щыхуэныгъэр, щхьэж езым ейр. 29 ИкӀи унафэ яхуищӀащ Екъуб абыхэм, мыр яжриӀэу: – Сэ сыхогъуэлъхьэж си лъэпкъым; сыщыщӀэфлъхьэж си адэхэм я деж бгъуэнщӀагъым, хет цӀыху Ефрон и губгъуэм деж щыӀэм. 30 Ханаан щӀыналъэм деж Мамрэ къыщыпэщылъ Махпэлэ губгъуэм ит бгъуэнщӀагъыращ ар. А бгъуэнщӀагъыр губгъуэм щӀыгъуу Ибрэхьим хет цӀыху Ефрон деж къыщищэхуащ, езыр щыщӀалъхьэжын папщӀэ. 31 Абдежым щыщӀалъхьэжащ Ибрэхьимрэ абы и фыз Сарэрэ; абдежым щыщӀалъхьэжащ Исхьэкърэ абы и фыз Ребеккэрэ; щыщӀэслъхьэжащ абдежым Леа. 32 А губгъуэри абы ит бгъуэнщӀагъри къыщащэхуащ хет цӀыхухэм я деж. 33 Екъуб и къуэхэм яхуищӀ унафэр иухри, ирилъхьэжащ и лъакъуэхэр гъуэлъыпӀэм, дунейм ехыжри, хыхьэжащ езым и лъэпкъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden