1 Мусэ 48 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрЕкъуб и нэфӀ Исуф и къуэхэм зэращыхуар 1 Абы и ужькӀэ Исуф къыжраӀащ: – Уи адэр сымаджэщ. Исуф здишащ езым и къуитӀыр – Мынасрэ Ефраимрэ, Екъуб деж. 2 Екъуб хъыбар ирагъэщӀащ, жраӀащ мыпхуэдэу: – Уи къуэ Исуф къокӀуэ уи деж. Израил и къарур зэщӀигъэуӀуэри, къыщызэфӀэтӀысхьащ пӀэм. 3 Екъуб Исуф жриӀащ: – Тхьэуэ псори зыхузэфӀэкӀыр сэ Луз деж, Ханаан щӀыналъэм, къыщысхуэлъагъуэри, и нэфӀ къысщигъэхуащ. 4 КъызжиӀащ абы: «Сэ узгъэбэгъуэнущ уэ, ухэзгъэхъуэнущ уэ, икӀи къыптезгъэхъукӀынущ уэ лъэпкъ куэдыр, естынущ мы щӀыналъэр уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм, игъащӀэкӀэ я унейуэ яӀэну». 5 – Иджы, сэ Мысырым сыкъэмыкӀуэ щӀыкӀэ, Мысыр щӀыналъэм къыщыпхуэхъуа уи къуитӀри сысейщ. Ефраимрэ Мынасэрэ сысейуэ щытынущ, Рубэнрэ Симеонрэ сысейуэ зэрыщытым хуэдэу. 6 Ауэ быну абыхэм я ужькӀэ уэ къыпхуэхъунур ууей хъунущ. Абыхэм езыхэм я къуэшхэм я цӀэхэмкӀэ къеджэнущ, абыхэм я мылъкуу къэкӀуэнумкӀэ я Ӏыхьэ хэлъу. 7 – Сэ Паддам сыкъикӀауэ сыкъыщыкӀуэм, си нэщхъеягъуэкӀэ, си Рахэл щылӀащ Ханаан щӀыналъэм, гъуэгум дытету, Ефрат дынэсыным куэд къэмынэжауэ. Сэ щыщӀэслъхьэжащ ар иджы БэтлэхьэмкӀэ зэджэ Ефрат хуэкӀуэ гъуэгум деж. 8 Израил, Исуф и къуэхэр къыщилъагъум, жиӀащ: – Хэт мыхэр? 9 – Ахэр си къуэхэрщ, Тхьэм мыбдежым къыщызитахэрщ, – жриӀащ Исуф и адэм. – Къызбгъэдэшэ ахэри, – жиӀащ Екъуб, – си нэфӀ абыхэм ящызгъэхуэнущ. 10 Израил набгъэ хъуат жьыгъэм къыхэкӀыу; илъагъуртэкъым абы ӀупщӀу. Исуф бгъэдишащ ахэр абы, икӀи абы ба къахуищӀащ абыхэм, ӀэплӀэ къаришэкӀащ абыхэм. 11 ИтӀанэ Израил Исуф жриӀащ: – Сыгугъэртэкъым сэ услъагъужыну; ауэ Тхьэм сигъэлъэгъуащ уи сабийхэри. 12 Исуф и адэ и лъэгуажьэхэм къатрихыжри, щхьэщэ хуищӀащ, щӀым нэсу зигъэщхъри. 13 Иубыдащ Исуф а тӀури, и Ӏэ ижьымкӀэ Ефраим иубыдащ, Израил и Ӏэ сэмэгум хуэзэу, Мынасэ иубыдащ и Ӏэ сэмэгумкӀэ, ар Израил и Ӏэ ижьым хуэзэу, икӀи бгъэдишащ ахэр абы. 14 Ауэ Израил и Ӏэ ижьыр ишийри трилъхьащ Ефраим и щхьэм, ар нэхъыщӀэу щытми, Ӏэ сэмэгур – ӀитӀыр зэблэдзауэ, Мынасэ и щхьэм. Трилъхьащ Екъуб и Ӏэхэр апхуэдэу, Мынасэ нэхъыжьу щытми. 15 АдэкӀэ и нэфӀ Исуф къыщигъэхуащ Израил, мыр жиӀэри: – Си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ зи пащхьэ щыпсэугъа Тхьэм, дунейм сызэрытетрэ – нобэр къыздэсым зи нэӀэ къыстет Тхьэм, 16 сыт хуэдэ мыгъуагъэми сыкъыӀэщӀэзых мелыӀычым и нэфӀ къащрехуэ мы сабийхэм; мы сабийхэм я хьэтыркӀэ цӀыхухэм ягу кърекӀыж сэ си цӀэмрэ си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ я цӀэхэмрэ; мы щӀылъэм щребагъуэ ахэр, щрехъу куэд дыдэ. 17 Исуф и адэм и Ӏэ ижьыр Ефраим и щхьэм зэрытрилъхьар щилъагъум, и жагъуэ хъуащ ар. Арати, иубыдащ и адэм и Ӏэр, Ефраим и щхьэм къытрихыжу Мынасэ и щхьэм трилъхьэну. 18 ЖриӀащ Исуф и адэм: – Апхуэдэукъым, си адэ; мыращ щыпэлъхур; телъхьэ абы и щхьэм уи Ӏэ ижьыр. 19 Ауэ абы и адэм ар имыдэу жиӀащ: – СощӀэ, си къуэ, сощӀэ. Абы къытехъукӀынущ лъэпкъ, ар хъунущ лъэпкъ ин дыдэ; ауэ абы и къуэш нэхъыщӀэр хъунущ абы нэхърэ нэхъ ин, абы лъэпкъыу къытехъукӀынури лъэпкъ бжыгъэншэщ. 20 ИкӀи абыхэм и нэфӀ ящигъэхуащ а махуэм, мыр жиӀэурэ: – Фэ фи цӀэкӀэ израил цӀыхухэр Тхьэм и нэфӀкӀэ елъэӀунущ. Зым и нэфӀ адрейм щигъэхуэурэ, абыхэм жаӀэнущ: «Ефраимрэ Мынасэрэ Тхьэм и нэфӀ зэращигъэхуам хуэдэу, и нэфӀ къыпщрегъэхуэ». Арати, игъэуващ Ефраим Мынасэ нэхърэ нэхъ лъагэу. 21 АдэкӀэ жриӀащ Израил Исуф: – Сэ солӀэ. Тхьэр фи гъусэнущ фэ, икӀи фигъэгъэзэжынущ фи адэхэм я щӀыналъэм. 22 Сэ узот уэ, уи къуэшхэм я пащхьэм щынэхъыбэу, Щэхэм – Ӏуащхьэ егъэзыхыгъуэр, си джатэрэ си шабзэкӀэ амор цӀыхухэм къаӀэщӀэсхыгъар. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden