1 Мусэ 46 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрЕкъуб Мысырым зэрыкӀуар 1 Арати, Израил, езым иӀэ псори здрихьэжьэри, кӀуащ Бэр-Шэвэ, хуищӀащ къурмэн езым и адэ Исхьэкъ и Тхьэм. 2 Тхьэр Израил жэщым къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Екъуб! Екъуб! – Сымис сэ, – жиӀащ абы. 3 – Сэрщ Тхьэр, уи адэм и Тхьэр, – жиӀащ Тхьэм. – Умышынэ Мысырым укӀуэн; абдежым уэ къыщыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ. 4 Сэ сыпщӀыгъуу сынэкӀуэнущ Мысырым; апхуэдэуи Сэ укъисшыжынущ абы. Исуф езым и ӀэкӀэ зэтрипӀэжынущ уи нэхэр. 5 Екъуб къибгынащ Бэр-Шэвэ; ирашэжьащ Израил и къуэхэм Екъуб, езыхэм я адэр, я сабийхэри, я фызхэри, фирхьэуным къарита шыгухэмкӀэ ар здашэнум нагъэсын папщӀэ. 6 Къащтащ абыхэм я Ӏэщри, Ханаан щӀыналъэм щызыӀэрагъэхьа мылъкури, Мысырми нэсащ, Екъуби езым къытехъукӀа бын псори абы и гъусэу. 7 Езым и къуэхэри, и къуэрылъхухэри, ипхъухэри, и пхъурылъхухэри, езым къытехъукӀа псори здишащ абы Мысырым. Екъуб и бынхэр 8 Мис Екъуб и къуэхэу Мысырым кӀуахэм я цӀэхэр, Екъубрэ абы и къуэхэмрэ: Екъуб и щыпэлъху Рубэн. 9 Рубэн и къуэхэр: Хъанох, Палыу, Хъэцрон, Къармый. 10 Симеон и къуэхэр: Емуел, Ямин, Охад, Яхин, Цохар, Ханаан бзылъхугъэм и къуэ Шаул. 11 Лэуий и къуэхэр: Гъэршэн, Къохат, Мэрарый. 12 Иудэ и къуэхэр: Ер, Онан, Шэлэ, Пэрэц, Зэрахь; Еррэ Онанрэ щылӀащ Ханаан щӀыналъэм. Пэрэц и къуэхэт Хэцрон, Хъамул. 13 Иссашхар и къуэхэр: Толэ, Пуа, Яшуб, Щимрэн. 14 Зэбулун и къуэхэр: Сэрэд, Елон, Яхьлэел. 15 Ахэр Леа и къуэхэу Паддан-Арам Екъуб къыщыхуилъхуахэрщ; Динэ, абы и пхъур. Леа къуэрэ пхъууэ иӀащ цӀыху щэщӀрэ щырэ. 16 Гад и къуэхэр: Цыфион, Хьагъый, Шуный, Ецбон, Ерый, Ародый, Арэлый. 17 Ащэр и къуэхэр: Имнэ, Ишуэ, Ишыуй, Бэрие, абыхэм я шыпхъу Сэрахь. Бэрие и къуэхэр: Хъэбэр, Малхъыел. 18 Ахэр Лабан ипхъу Леа иритауэ щытыгъа Зилпа и къуэхэщ. Абы ахэр Екъуб къыхуилъхуащ, цӀыху пщыкӀух хъууэ. 19 Екъуб и фыз Рахэл и къуэхэр: Исуфрэ Биниаминрэ. 20 Мысыр щӀыналъэм Исуф къыщыхуэхъуащ Мынасэрэ Ефраимрэ, Он къалэм щыщ тхьэгъэпс Потиферахь ипхъу Асэнат къилъхуахэр. 21 Биниамин и къуэхэр: Бэлахь, Бэхэр, Ащбэл; Гъэрэ, НаӀаман, Ехьый, Рощ, Мупим, Хъуппим, Ард. 22 Ахэр Рахэл и къуэхэу Екъуб къыхуэхъуахэрщ, псори цӀыху пщыкӀуплӀ хъууэ. 23 Дан и къуэр: Хьушым. 24 Нафталый и къуэхэр: Яхцэел, Гъуный, Ецэр, Щылэм. 25 Ахэр Лабан ипхъу Рахэл иритауэ щытыгъа унэӀут бзылъхъугъэ Билхьэ и къуэхэщ. Абы ахэр Екъуб къыхуилъхуащ, псори цӀыхуибл хъууэ. 26 Екъуб и гъусэу Мысырым кӀуа цӀыхухэр, езым къытехъукӀахэр, Екъуб и къуэхэм я фызхэр хэмыту, псори хъурт цӀыху хыщӀрэ хырэ. 27 Исуф и къуэхэу абы Мысырым къыщыхуэхъуахэр цӀыхуитӀ хъурт. Екъуб и унагъуэм щыщу Мысырым кӀуахэр псори зэхэту цӀыху блыщӀ хъурт. Екъуб Мысырым щыщ Гощэн щӀыгум зэритӀысхьар 28 Екъуб Иудэ езым япэ Исуф деж игъэкӀуащ, езы Исуф Гощэн хэкум хуэкӀуэ гъуэгур къаригъэлъагъун папщӀэ. 29 Гощэн щӀылъэм къыщыкӀуэм, Исуф шыгур зэщӀригъэщӀэри, Гощэн щӀыналъэм кӀуащ, езым и адэ Израил пежьэну. Ар къыщилъагъум, и адэм и пщэм зридзэри, куэдрэ гъащ Исуф. 30 Абдежым жриӀащ Израил Исуф: – СылӀэнщ иджы сэ, уи напэр къэслъагъужауэ; уэ иджыри узэрыпсэур сдъэгъуащи. 31 ИтӀанэ яжриӀащ Исуф и къуэшхэми, и адэми, я унагъуэхэми: – Сэ сыкӀуэнщ, фирхьэуным хъыбар езгъэщӀэнщ, жесӀэнщ абы: «Ханаан щӀыналъэм къикӀа си къуэшхэри си адэм и унагъуэри къэкӀуащ си деж. 32 А цӀыхухэр мэлыхъуэхэщ, Ӏэщ зэрахуэ; я Ӏэщ цӀыкӀуи я Ӏэщышхуи, яӀэ псори къыздашащ абыхэм». 33 – Фирхьэуным фриджэу: «Сыт фи ӀэщӀагъэр фэ?» – жиӀэрэ къывэупщӀмэ, 34 фэ жыфӀэ: «Дэ, уи унэӀутхэр, дыӀэщыхъуэщ дыщыщӀалэм къыщыщӀэдзауэ иджыри къэс, дэри ди адэхэри», фэ Гощэн щӀыналъэм фыщагъэтӀысын папщӀэ. Мысыр цӀыхухэм я дежкӀэ гуемыӀущ дэтхэнэ мэлыхъуэри. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden