1 Мусэ 45 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИсуф и къуэшхэм закъызэрыригъэцӀыхужар 1 Исуф къыбгъэдэт псоми я пащхьэм афӀэкӀа зыщыхуэмыубыдыжу кӀиящ: – ӀувгъэкӀ псори. Арати, Исуф зыри къыбгъэдэнатэкъым абы и къуэшхэм закъыщригъэцӀыхужам щыгъуэ. 2 Абдеж ину къэгъащ ар, и гъы макъри къызэхахащ мысыр цӀыхухэми, фирхьэун унэми хъыбарыр нэсащ. 3 ЯжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Сэ сы-Исуфщ, псэууэ пӀэрэ иджыри си адэр? Ауэ и къуэшхэм жэуап къратыфыртэкъым, апхуэдизкӀэ шынати; 4 ЯжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Фыкъызбгъэдыхьэ. Ахэр къыбгъэдыхьащ. – Сэ сы-Исуфщ, – жиӀащ абы, – Мысырым кӀуэхэм фэ ефщауэ щыта фи къуэшырщ. 5 Ауэ иджы фымынэщхъей, фыщӀемыгъуэж мыбыхэм сакъызэрефщам щхьэкӀэ; Тхьэм сыкъигъэкӀуащ фяпэ, цӀыхухэр къелын папщӀэ. 6 Гъаблэр илъэситӀщ зэрыщыӀар щӀылъэм: иджыри къэкӀуэнущ щӀыр щамывэн икӀи гъавэ щыӀуамыхыжын илъэситху. 7 Тхьэм сыкъигъэкӀуащ фяпэкӀэ, фэ щӀылъэм фыкъытенэн, зыхуэдэ къэмыхъуа щӀыкӀэкӀи фэри къыфтехъукӀыну цӀыхухэри мыкӀуэду къригъэлын папщӀэ. 8 Аращи, фэракъым сыкъэзыгъэкӀуар мыбы, атӀэ фирхьэуным и чэнджэщэгъуу, абы и унэ псом и Ӏэтащхьэуи, Мысыр щӀыналъэ псом тепщэуи сытезыгъэува Тхьэр арщ. 9 – Си адэм деж псынщӀэу фыкӀуэжи, жефӀэ абы: «Мыпхуэдэу жеӀэ уи къуэ Исуф: Тхьэм сытригъэуващ Мысыр псом тепщэу; къакӀуэ си деж, зумыӀэжьэ. 10 Уэ ущыпсэунущ Гощэн щӀыналъэм; икӀи фызигъунэгъунущ уэри, уи къуэхэри, уи къуэхэм я къуэхэри, уи Ӏэщ цӀыкӀури уи Ӏэщышхуэри, уэ уиӀэ псори. 11 Ущызгъэшхэнущ сэ мыбы, факъырэ фымыхъун папщӀэ, уэри, уи унэри, уэ уиӀэ псори, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гъаблэр иджыри илъэситхукӀэ щыӀэнущ». 12 – Иджы фэри Биниамини фолъагъу ар къывжезыӀэр сэрауэ зэрыщытыр. 13 АтӀэ хуэӀуэтэж си адэм Мысырым деж сэ щӀыхьу щызиӀэ псори фэ флъэгъуа псори. Къафшэ си адэр мыбы псынщӀэу. 14 ИтӀанэ и къуэш Биниамин и пщэм зридзэри, Исуф гъащ; Биниамини гъащ абы и пщэм идзауэ. 15 Ба яхуищӀырт езым и къуэшхэм псоми, гъырт, абыхэм ӀэплӀэ яхуищӀурэ. ИтӀанэ епсэлъащ и къуэшхэр абы. 16 Фирхьэуным и унэм нэсащ Исуф и къуэшхэр къызэрыкӀуам и хъыбар; я гуапэ хъуат ар фирхьэунми абы и унэӀутхэми. 17 Фирхьэуным Исуф жриӀащ: – ЯжеӀэ уи къуэшхэм: мис мыращ фщӀэнур: фи мылъкухэр фи шыдхэм тефлъхьи, фыкӀуэ Ханаан щӀыналъэм; 18 Фи адэри фи унагъуэхэри къафши, фыкъакӀуэ си деж; сэ фэстынущ Мысыр щӀыналъэм и фӀыпӀэр, фэри фшхынущ щӀым и шхын нэхъыфӀыр, 19 АтӀэ уэ унафэ пхузощӀ абыхэм яжепӀэну: мыр фщӀэ: Мысыр щӀыналъэм фи сабийхэми фи фызхэми папщӀэ шыгухэр къыщыфщти, фи адэр къафши, фыкъакӀуэ. 20 Фигу фымыгъэныкъуэ фи хьэпшыпхэм папщӀи, Мысыр щӀыналъэм щыщу нэхъыфӀ дыдэр фэстынущ фэ. 21 Апхуэдэуи ящӀащ Израил и къуэхэм. Яритащ Исуф абыхэм шыгухэр фирхьэуным и унафэкӀэ, яритащ абыхэм гъуэмыли. 22 Абыхэм ящыщ дэтхэнэми иритащ щыгъын фэилъхьэгъуэ зырыз, Биниамин иритащ дыжьын ахъшэ щищрэ щыгъын фэилъхьэгъутхурэ. 23 Апхуэдэуи и адэм хуригъэшащ Мысырым къыщыкӀа нэхъыфӀхэр ятепхауэ шыдипщӀ, гъавэри, щӀакхъуи, и адэм и гъуэмылэри телъу шыдыбзипщӀ. 24 Арати, иригъэжьэжащ Исуф и къуэшхэр. ЯжриӀащ абыхэм: – Фыщызэщымыхьэ гъуэгум. 25 Мысырым икӀыжри, нэсыжащ ахэр Ханаан щӀыналъэм езыхэм я адэ Екъуб деж. 26 Хъыбар ирагъэщӀащ абы, мыр жаӀэри: – Исуф псэущ, ар иджы щытепщэщ Мысыр щӀыналъэ псом. Ауэ Екъуб и гур загъэртэкъым; абы и фӀэщ хъуртэкъым абыхэм жаӀэр. 27 Абыхэм Исуф къажриӀа псалъэ псори абы щыхуаӀуэтэжым, ар яшэн папщӀэ, Исуф къигъэкӀуа шыгухэри щилъагъум, къызэрыгъуэтыжащ абыхэм я адэ Екъуб и гур. 28 ЖиӀащ абдеж Израил: – Дэгъуэщ, псэущ иджыри си къуэ Исуф; сыкӀуэнщи, слъагъунщ ар сымылӀэ щӀыкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden