Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Исуф и къуэшхэр зэригъэунэхуар

1 Исуф унафэ хуищӀащ езым и унэм и унафэщӀым, мыр жиӀэри: – ГъэнщӀ абыхэм я къэпхэр яхуэхьыфынум хуэдиз гъавэкӀэ, щхьэж и дыжьынри илъхьэж къэпхэм, гъавэм и щӀыӀукӀэ.

2 Си фалъэр, дыжьын фалъэр, илъхьэ нэхъыщӀэм и къэпым и щӀыӀукӀэ, абы гъавэм папщӀэ къыздихьа дыжьыным щӀыгъуу. Мыдрейм игъэзэщӀащ Исуф ищӀа унафэр.

3 Пщэдджыжьым, нэху щыщым, яутӀыпщыжащ а цӀыхухэр, езыхэри я шыдхэри.

4 Ахэр къалэм жыжьэу ӀукӀатэкъым, Исуф и унэм и унафэщӀым щыжриӀам: – КӀуэ, а цӀыхухэм ялъежьи, уалъэщӀыхьэмэ, яжеӀэ абыхэм: «Сыт фэ фӀым ӀейкӀэ фыщӀыпыкъуэкӀар?» жыӀи.

5 «Сыт си зиусхьэным и дыжьын фалъэр щӀэвдыгъуар? Мыр си зиусхьэныр зэрефэ фалъэракъэ? Абы ар къегъэсэбэп къэхъункъэщӀэнухэр кърищӀэу. Ӏеягъэу фщӀащ фэ ар».

6 Ар абыхэм ялъэщӀыхьэри, яжриӀащ а псалъэхэр.

7 Зэшхэм къыжраӀащ абы: – Сытым папщӀэ жиӀэрэ ди зиусхьэным апхуэдэ псалъэхэр? Хьэуэ, уи унэӀутхэм ящӀэнукъым апхуэдэ Ӏуэху.

8 ЗэрыпщӀэщи, ди къэпхэм я щхьэхэм щхьэщылъу къэдгъуэта дыжьынхэр Ханаан щӀыналъэм къитхри къыпхуэтхьыжащ: атӀэ дауэ къыщӀэддыгъукӀын уи зиусхьэным и унэм дыжьын е дыщэ?

9 Уи унэӀутхэм ящыщу ар къызыкъуэкӀым ажал лърес; икӀи дэри унэӀут дыхуэхъунщ ди зиусхьэным.

10 – Хъунщ – жиӀащ абы, – фэ зэрыжыфӀам хуэдэу ирехъу: фалъэр хэт къыкъуэкӀми, ар схуэхъунщ унэӀут, адрейхэм лажьэ фиӀэкъым.

11 Зэшхэм пӀэщӀэгъукӀэ кърагъэувэхащ щӀылъэм я къэпхэр, ятӀэтащ къэпыщхьэхэр, хэти итӀэтащ и къэпыщхьэр.

12 Къэпхэр къищащ унафэщӀым, къыщыщӀидзэщ нэхъыжьымкӀи, нэхъыщӀэмкӀэ щиухащ; арати, къыщагъуэтащ фалъэр Биниамин и къэпым.

13 Я гукъеуэм къыхэкӀыу щачэтхъащ зэшхэм я щыгъынхэр, щхьэж и хьэлъэр я шыдхэм тралъхьэжри къагъэзэжащ къалэм.

14 Иуди абы и къуэшхэри Исуф и унэм къыщыкӀуэм – ар иджыри унэм щӀэсти – зыщрадзыхащ щӀым абы и пащхьэм деж.

15 Исуф яжриӀащ абыхэм: – Сыт фэ фщӀар? Фэ фымыщӀэу пӀэрэт сэ схуэдэ цӀыхум цӀыхухэм щэхуу ящӀар Ӏэмал имыӀэу къызэрищӀэнур?

16 – Сыт жетӀэн ди зиусхьэным? – жиӀащ Иудэ. – Сыт жетӀэн? СыткӀэ зыдгъэхеин? Тхьэм къыщӀигъэщащ уи унэӀутхэм я пцӀыр; иджы ди зиусхьэным дрипщылщ, дэри фалъэр зи Ӏэм ӀэщӀэлъу къагъуэтари.

17 – Хьэуэ, сэ ар сщӀэнкъым, – жиӀащ Исуф – фалъэр зи Ӏэм ӀэщӀэлъу къагъуэтар хъунщ си унэӀут, ауэ фэ фыкӀуэж фи адэм деж.

18 Абдеж Иудэ абы бгъэдыхьэри, жиӀащ: – Си зиусхьэн, хуит сыщӀ сэ, уи унэӀутыр, зиусхьэным псалъэ жесӀэну, икӀи ухуэмыгубжь уи унэӀутым; уэ ухуэдэщ фирхьэуным.

19 Си зиусхьэныр къеупщӀыгъащ езым и унэӀутхэм: «ФиӀэ фэ адэ е къуэш?» – жиӀэри.

20 Дэ жетӀащ ди зиусхьэным зэрыдиӀэр жьы хъуа ади, и жьыщхьэ абы къыхуэхъуа къуэ нэхъыщӀи; абы и къуэшыр лӀэри, а зыр къэнащ и анэм ейуэ, адэми фӀыуэ елъагъу ар.

21 Уэри яжепӀащ уи унэӀутхэм: «Къысхуэфшэ ар си деж, сэ абы сеплъын папщӀэ».

22 Дэ жетӀащ ди зиусхьэным: «НыбжьыщӀэм къигъэнэфыркъым и адэр; абы и адэр къигъанэмэ, адэр лӀэнущ».

23 Ауэ уэ къажепӀащ уи унэӀутхэм: «Фи къуэш нэхъыщӀэр фи гъусэу къэмыкӀуэмэ, фэ афӀэкӀа фыкъимыхьэ си пащхьэ».

24 – Дэ дыщыхуэкӀуэжам уи унэӀуту ди адэм хуэтӀуэтэжащ си зиусхьэным и псалъэхэр.

25 ЖиӀащ абы щыгъуэ ди адэм: «ФыкӀуэ иджыри, къытхуэфщэху гъавэ».

26 Дэ жетӀащ: «Хъунукъым дэ дыкӀуэ; ауэ ди къуэш нэхъыщӀэр ди гъусэнумэ, дыкӀуэнщ; хъунукъым а цӀыхум и пащхьэ дихьэ, ди къуэш нэхъыщӀэр ди мыгъусэу».

27 Абдеж къыджиӀащ уи унэӀуту ди адэм: «Фэ фощӀэ си фызым къызэрысхуилъхуар къуитӀ.

28 Зыр сэ збгъэдэкӀати, жысӀащ: ар ялӀагъэнщ, слъагъужакъым ар абы лъандэрэ.

29 Мыри збгъэдэфшрэ абыи насыпыншагъэ къыщыщӀмэ, сэ, зи щхьэц тхъуа лӀыжьыр, гуауэм хьэдрыхэ сихьынущ».

30 Иджы сэ, уи унэӀутым, ди адэм сыхуэкӀуэжмэ, абы и псэр зи псэм пыщӀа ныбжьыщӀэри ди мыгъусэу сыкӀуэжын слъэкӀыну?

31 НыбжьыщӀэр ди мыгъусэу илъагъумэ, ар лӀэнущ; дэ, уи унэӀутхэм, ди лажьэкӀэ уи унэӀуту ди адэ зи щхьэц тхъуа лӀыжьыр гуауэм хьэдрыхэ ихьынущ.

32 Абы нэмыщӀауэ, сэ, уи унэӀутыр, сыуващ си адэм деж ныбжьыщӀэм папщӀэ жэуап щысхьыну: «Ар уи деж къэзмышэжмэ, си адэм и пащхьэм си гъащӀэ псэукӀэ сыщыкъуаншэщ», жысӀэри.

33 Аращи, сэ, уи унэӀутыр, хуит сыкъэщӀ сыкъэнэну ныбжьыщӀэм и пӀэкӀэ унэӀуту си зиусхьэным деж; ауэ ныбжьыщӀэр ирекӀуэж и къуэшхэм я гъусэу.

34 Дауэ сыхуэкӀуэжын си адэм, ныбжьыщӀэр си мыгъусэу? Сэ слъагъунт итӀанэ си адэм къылъыса тхьэмыщкӀагъэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan