1 Мусэ 40 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИсуф лъэхъуэщым къыдыщӀэсхэм я пщӀыхьэпӀэхэм къикӀыр зэрагуригъэӀуар 1 Абы и ужькӀэ мысыр фирхьэуным и фадэзехьэмрэ и щӀакхъуэгъажьэмрэ къуаншагъэ щалэжьащ я зиусхьэну мысыр фирхьэуным и пащхьэм. 2 Яхуэгубжьащ, арати, фирхьэуныр и блыгущӀэтитӀым: фадэзехьэ нэхъыщхьэмрэ щӀакхъуэгъажьэ нэхъыщхьэмрэ. 3 Иритащ ахэр щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм, Исуф зрадза хьэпсым. 4 Щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм ахэр Исуф и пщэ ирилъхьати, ар хуэӀуэхутхьэбзащӀэрт абыхэм. Исащ ахэр хьэпсым зэман зыбжанэкӀэ. 5 Хьэпсым ирадзахэм, мысыр фирхьэуным и фадэзехьэмрэ и щӀакхъуэгъажъэмрэ, зэгуэрым ялъэгъуащ пщӀыхьэпӀэхэр, щхьэж езым и пщӀыхьэпӀэ, тӀуми зы жэщым, щхьэж и пщӀыхьэпӀэм къикӀыр щхьэхуэу. 6 Пщэдджыжьым абыхэм Исуф къахыхьати, илъэгъуащ ахэр гузэвэгъуэм зэрыхэтыр. 7 ЕупщӀащ абдеж езым и гъусэу хьэпсым ис фирхьэун блыгущӀэтхэм: – Щхьэ фи нэгухэр зэхэуфа нобэ? – жиӀэри. 8 Абыхэм къыжраӀащ: – Дэ тлъэгъуащ пщӀыхьэпӀэ, ауэ къикӀыр къыджезыӀэн щыӀэкъым. – ПщӀыхьэпӀэхэр зэхэхуныр Тхьэр аракъэ зи Ӏуэхур? – яжриӀащ абыхэм Исуф. – КъысхуэфӀуатэ сэ ахэр. 9 Абдеж фадэзехьэ нэхъыщхьэм и пщӀыхьыр хуиӀуэтащ Исуф, жриӀащ абы мыпхуэдэу: – Сэ сепщӀыхьащ жызумей къуэпс си пащхьэм къилъу; 10 А къуэпсым къудамищ тетт. Ар хэхъуащ, гъэгъахэр къыпидзащ, жызумри хъуащ. 11 Фирхьэуным и фалъэр ӀэщӀэтт си Ӏэм. Сэ жызумыр къасщтэри, фирхьэуным и фалъэм испӀытӀыхьащ, итӀанэ ӀэщӀэслъхьащ фалъэр фирхьэуным. 12 – Абы къикӀыращи, – жриӀащ Исуф абы, – къудамищыр махуищщ. 13 Махуищ дэкӀмэ, фирхьэуным уиутӀыпщыжынурэ уи увыпӀэу щытам уигъэгъэзэжынущ, япэм зэрыпщӀэу щытам хуэдэуи ӀэщӀэплъхьэнущ фалъэр фирхьэуным. 14 Уигу сыкъэгъэкӀыж атӀэ, уи Ӏуэхухэр фӀы хъуа нэужь, фӀы къысхуэщӀэ, фирхьэуным си гугъу хуэщӀи, сишыж мы хьэпсым. 15 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкърадыгъукӀащ журт щӀыналъэм; мыбы хьэпсым сыщӀрадзэн зыри щысщӀакъым. 16 ЩӀакхъуэгъажьэ нэхъыщхьэм абы пшӀыхьэпӀэр фӀыкӀэ зэрызэхихур илъэгъуати, къыжриӀащ Исуф: – Сэри мыпхуэдэу сепщӀыхьащ: си щхьэм тет хуэдэт щӀакхъуэ хужь зрылъ матэ хъарищ; 17 Ищхьэ дыдэм тет матэм илът фирхьэуным и шхыныгъуэу щӀакхъуэгъажьэм и ӀэрыкӀ сыт хуэдэри; къуалэбзухэм яуӀурт ахэр, си щхьэм тет матэм здилъым. 18 Исуф жэуап къитри, жиӀащ: – Абы къикӀыращ: матищыр махуищщ; 19 Махуищ дэкӀмэ, фирхьэуным уи щхьэр пиупщӀынурэ упилъэнущ жыгым; къуалэбзухэми яуӀунущ уи лыр. 20 Ещанэ махуэм, фирхьэуныр къыщалъхуа махуэм, абы ищӀащ ефэ-ешхэ и къулыкъущӀэхэм папщӀэ, абдеж игъакӀуэри, хьэпсым къыщӀригъэщыжащ езым и къулыкъущӀэхэм ящыщу фадэзехьэмрэ щӀакхъуэгъажьэмрэ; 21 Арати, къригъэгъэзэжащ фадэзехьэ нэхъыщхэм и увыпӀэм, икӀи абы ӀэщӀигъэуващ фадэ бжьэр фирхьэуным. 22 Ауэ щӀакхъуэгъажьэ нэхъыщхьэр пилъащ, Исуф абы и пщӀыхьэпӀэр къызэрыхузэхихуауэ. 23 АрщхьэкӀэ фадэзехьэ нэхъыщхьэм игу къэкӀыжакъым Исуфыр, щыгъупщэжащ ар. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden