Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

1 Мусэ 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


Къаин и къуэш Хьэбэл зэриукӀар

1 Ӏэдэм екӀуэлӀащ Хьэуа, и фызым, ар лъэщыджэ хъури, Къаин къилъхуащ. ИтӀанэ жиӀащ: – Згъуэтащ сэ лӀы, Зиусхьэным къыбгъэдэкӀыу.

2 ИтӀанэ къилъхуащ абы и къуэш Хьэбэл. Хьэбэл мэлыхъуэт, Къаин мэкъумэш ищӀэрт.

3 Зэман дэкӀауэ, Къаин Зиусхьэным хуихьащ щӀыгу къэкӀыгъэхэм ящыщ тыгъэ.

4 Хьэбэли ихьащ и хъушэм щыщу щыпэлъхухэр, абыхэм я щэдагъэм щыщи. НэфӀкӀэ къеплъащ Зиусхьэныр Хьэбэли абы и тыгъэми,

5 ауэ Къаини абы и тыгъэми къеплъакъым. Къаин ар икъукӀэ и жагъуэ хъуащ, и нэгури зэхэуащ.

6 Зиусхьэным къыжриӀащ Къаиным: – Сыт уи жагъуэ щӀэхъуар? Сыт уи нэгури щӀызэхэуар?

7 ФӀы пщӀэмэ, уи щхьэр пӀэтыркъэ? АтӀэ фӀы умыщӀэмэ, гуэныхьым бжэщхьэӀум зыщеущэху; абы узыӀэпешэ, ауэ уэ абы текӀуэ.

8 Къаин епсэлъащ Хьэбэл, и къуэшым. Ахэр губгъуэм иту, Къаиныр пэуващ Хьэбэл, и къуэшым, икӀи ар иукӀащ.

9 – Дэнэ щыӀэ Хьэбэл, уи къуэшыр? – жриӀащ Зиусхьэным Къаин. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы, – сэ си къуэшым срихъумакӀуэ?

10 – Сыт уэ пщӀар? – жиӀащ Зиусхьэным, – уи къуэшым илъ бгъэжащ, къыщӀоӀукӀ абы и гуӀэ макъэр щӀы щӀагъым.

11 Уэ нэлат къыптехуащ иджы. Уи къуэшым илъу уи ӀэкӀэ бгъэжар ищтэну зи жьэр зэтезых щӀыгум зыри къыпхухэкӀынукъым.

12 ЩӀым утелэжьыхьми, абы дяпэкӀэ зэгуэри къыуитыжынукъым и гуащӀэр; уэ ухъунущ егъэзыпӀэншэ, хапӀэншэу щӀылъэм къыщызыджэдыхь.

13 Абдежым жриӀащ Къаин Зиусхьэным: – Си тезырыр нэхъ инщ сэ сшэчыфынум нэхърэ.

14 Аращи, Уэ иджы сытыбоху щӀылъэм, Уи нэгуми зыщӀэзмыгъэхуэну зызогъэпщкӀу, сыхъунущ сэ егъэзыпӀэншэ икӀи щӀылъэм къыщызыджэ дыхь; къысхуэзэ дэтхэнэми сиукӀынущ.

15 – Уэ хэт уиукӀми, – къыжриӀащ абы Зиусхьэным, – абы блэнейрэ уи лъыр езгъэпшыныжынущ. Зиусхьэным тридзащ Къаиным дамыгъэ, къыхуэзэм ар къимыукӀын щхьэкӀэ.

16 Къаин Зиусхьэным и пащхьэм икӀыжри Нод щӀыналъэм итӀысхьащ – Ӏэдэн уикӀмэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэм.


Къаин къытехъукӀахэр – Лэмэх деж нэс

17 Къаин екӀуэлӀащ и фызым, ар лъэщыджэ хъури, Хъанох къилъхуащ. Къаин иухуащ къалэ; къалэм фӀищащ езым и къуэм и цӀэр: Хъанох.

18 Хъанох къыхуэхъуащ къуэ – Ӏирад; Ӏирадым къыхуэхъуащ Мэхъуаел; Мэхъуаел къыхуэхъуащ Матушаел; Матушаел къыхуэхъуащ Лэмэх.

19 Лэмэх къишащ фызитӀ; зым и цӀэр Ӏадэт, етӀуанэм и цӀэр Цыллэт.

20 Ӏадэ къилъхуащ Ябэл: ар я адэжщ шэтырхэм щӀэсу хъушэхэр зиӀэхэм.

21 Абы и къуэшым и цӀэт Иубэл; ар я адэжщ пхъэ пшынэ еуэхэмрэ бжьамий епщэхэмрэ.

22 Цыллэ къилъхуащ Тубал-Къаин. Ар гъуаплъэмрэ гъущӀымрэ Ӏэмэпсымэ псори къыхэзыщӀыкӀ гъукӀэт. Тубэл-Къаин и шыпхъущ НаӀамэ.

23 ЯжриӀащ Лэмэх и фызхэм: – Ӏадэрэ Цыллэрэ! ФыкъедаӀуэ си макъым; Лэмэх и фызхэ! Си псалъэхэр зэхэфх. Сэ лӀыр сыукӀынщ, абы уӀэгъэ сищӀмэ, щӀалэми сыукӀынщ, уӀэгъэ сищӀмэ, щӀали – си уӀэгъэм щхьэкӀэ.

24 Къаин зыукӀым блэнейрэ лъы ипшыныжынумэ, сэ сызыукӀым блэнейурэ блыщӀкӀэ ипшыныжынущ.


Ӏэдэм къытехъукӀахэр – Нухь деж нэс

25 Ӏэдэм аргуэру екӀуэлӀащ и фызым, абы къуэ къилъхури, фӀищащ цӀэуэ: Щэт; «сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, – жиӀэрт абы – Тхьэм къызитащ нэгъуэщӀ щӀалэ, Къаин иукӀа Хьэбэл и пӀэкӀэ».

26 Щэт къыхуалъхуащ къуэ, абы цӀэуэ фӀищащ Енощ; Абы къыщегъэжьауэ цӀыхухэм щӀадзащ Зиусхьэным елъэӀуу.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan