1 Мусэ 39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИсуфрэ Потифар и фызымрэ 1 Исуф яшащ Мысырым; ар абы зыша исмэхьил цӀыхухэм я деж Исуф щищэхуащ Мысырым щыщ цӀыху Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм. 2 Исуф Зиусхьэным щӀыгъути, абы и Ӏуэхухэр къехъулӀэрт. Щыпсэурт ар и зиусхьэным, мысыр цӀыхум, и унэм. 3 Арати, къилъэгъуащ абы и тепщэм Зиусхьэныр абы зэригъусэр, абы сыт ищӀэми, Зиусхьэным ар къызэрыригъэхъулӀэр. 4 Арати, Исуф и тепщэр нэфӀкӀэ къызригъэплъащ, къулыкъу хуищӀэрт абы. ИкӀи ищӀащ тепщэм ар езым и унэм и тет, иӀэ псори абы и ӀэмыщӀэм ирилъхьащ. 5 Абы ар езым и унэми, иӀэ псоми я тет щищӀа зэманым къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэным и нэфӀ щигъэхуащ мысыр цӀыхум и унэм, Исуф и хьэтыркӀэ; Зиусхьэным и нэфӀ тетт иджы абы и унэми губгъуэми щиӀэ псоми. 6 Арати, ирилъхьащ абы езым иӀэ псори Исуф и ӀэмыщӀэм; ар щыӀэхукӀи, щыгъуэзакъым зыми, езым ишх щӀакхъуэм фӀэкӀа. Исуфи езыр дахэт пкъыкӀи, дахэт нэкӀукӀи. 7 Исуф и зиусхьэным и фызым и нэ къыфӀэнэри, къыжриӀащ: – КъысхуэкӀуэ жэщгъуэлъу. 8 Ауэ абы имыдэу жриӀащ и зиусхьэным и фызым: – Си зиусхьэныр зыкӀи гумэщӀыркъым, езым иӀэ псори си ӀэмыщӀэ кърилъхьащи; 9 ЩыӀэкъым мы унэм сэ нэхърэ нэхъ ин; абы зыри къыспиубыдыркъым, уэ зыр мыхъумэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ абы урифызщ; атӀэ сэ дауэ злэжьын а Ӏеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ? 10 Апхуэдэу махуэ къэс абы Исуф къыжриӀэу, мыдрейми абы дэгъуэлъын икӀи абы и гъусэну имыдэу екӀуэкӀыурэ, 11 къэхъуащ мыр зы махуэ гуэрым, ар щӀыхьащ унэм, Ӏуэху гуэр ищӀэну, унэӀут цӀыхухъу гуэри унэм щӀэстэкъым. 12 Бзылъхугъэм иубыдщ абы и щыгъын къуакӀэри, къищтэри жиӀащ: – Къэгъуэлъ си гъусэу. Ауэ Исуф и щыгъыныр абы къыӀэщӀинэри, щӀэжыжащ. 13 Мыдрейми абы и щыгъыныр къыӀэщӀинэу зэрыщӀэжыжар къыщилъагъум, 14 и унэӀут цӀыхухъухэр къриджэри, яжриӀащ абыхэм мыпхуэдэу: – Феплъыт, си тхьэмадэм къытхуишащ журтыр, дэ дигъэпудын папщӀэ. Ар къыщӀыхьат си деж къыздэгъуэлъыну; ауэ сэ сыкӀиящ си макъ къызэрихькӀэ; 15 Сыгъуахъуэу зэрыщӀэздзар сызэрыкӀийр щызэхихым, и щыгъыныр си деж къыщӀинэри жэрыгъэкӀэ щӀэжыжащ ар. 16 КъыщӀинащ бзылъхугъэм и пэшым Исуф и щыгъыныр, и зиусхьэныр унэм къэкӀуэжыху. 17 ХуиӀуэтэжащ абыи а псалъэ дыдэхэр, мыр жиӀэурэ: – Журт унэӀуту уэ къытхуэпшар къыщӀыхьат си деж, лей къызихыну. 18 Ауэ сэ пыхьэр щысӀэтым икӀи сыщыкӀийм, абы и щыгъыныр си деж къыщӀинэри, щӀэпхъуэжащ. 19 – Апхуэдэу къызищӀащ уи унэӀутым, – жиӀэу езым и фызым къыжриӀа псалъэхэр зиусхьэным щызэхихым, къызэщӀэнащ губжькӀэ; 20 Зиусхьэным Исуф иригъэубыдри, щӀригъэдзащ ар хьэпсым, фирхьэуным и гъэрхэр здэщыӀэм. Арати, къихутащ Исуф хьэпсым. 21 Зиусхьэныр и гъусэти, и фӀыгъэ Исуф къригъэкӀащ, нэфӀкӀэ иригъэплъащ абы хьэпсым и тетыр. 22 Арати, хьэпсым и тетым ирилъхьащ Исуф и ӀэмыщӀэм хьэпсым ис псори, икӀи абдежым сыт щащӀэми, ар щыунафэщӀт. 23 Хьэпсым и тетыр уеблэмэ зыми кӀэлъыплъыртэкъым, абы сыт и ӀэмыщӀэм илъми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулӀэрт. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden